1
Маттэ 23:11
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Фэ фщыщ нэхъ ин дыдэр ӀуэхутхьэбзащӀэ фэ къыфхурехъу.
قارن
اكتشف Маттэ 23:11
2
Маттэ 23:12
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, ауэ зи щхьэ зыгъэлъахъщэ дэтхэнэри Тхьэм игъэинынущи.
اكتشف Маттэ 23:12
3
Маттэ 23:23
– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! ХадэхэкӀ нэхъ пудхэм ящыщу пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ фот, ауэ нэхъ вгъэзэщӀапхъэу Торэт хабзэм зи гугъу ищӀ захуагъэм, гущӀэгъу пхэлъыным, Тхьэм хуэщыпкъэным фыбгъэдокӀ. Ахэращ фызытекӀ мыхъунур, адрей фи фарзэхэр зыщывмыгъэгъупщэу.
اكتشف Маттэ 23:23
4
Маттэ 23:25
– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фэ фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я щӀыфэр фогъэкъабзэ, ауэ я кӀуэцӀым нэпсеягъэмрэ зымышыӀэныгъэмрэ изщ.
اكتشف Маттэ 23:25
5
Маттэ 23:37
– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр сэ зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.
اكتشف Маттэ 23:37
6
Маттэ 23:28
Щыпкъагъэ зигу илъхэм фахуэдэу цӀыхухэм закъыфӀывогъэщӀ фи фэкӀэ, ауэ фигухэм бзитӀщхьитӀыгъэмрэ бзаджагъэмрэ изщ.
اكتشف Маттэ 23:28