Сэфирэт и тхылъ Пэублэ псалъэ
Пэублэ псалъэ
Хъыбару мы тхылъым къиӀуэтэжыр къыщыхъуар иджырей Иран хэгъэгум хиубыдэ Шушан къалэрщ, къэжэр пащтыхь Ахъийшурэщ щӀымахуэм зыдэсу щыта щыхьэр сэрейрщ. ЩӀэныгъэлэжьхэм нэхъыбэм зэрызэдащтамкӀэ, Ахъийшурэщыр алыджхэр Ксеркс ЕзанэкӀэ еджэу ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 486/5-465 гъэхэм Къэжэр пащтыхьыгъуэм тетыгъуэр щызыӀыгъаращ. Къэжэр пащтыхьыгъуэм и хьэритэр тхылъым и кӀэм деж къыщыхьащ.
«Сэфирэт и тхылъыр» зытеухуари зытепсэлъыхьри Къэжэр пащтыхьыгъуэм хэпхъауэ щыпсэу журтхэр зыӀууауэ щыта шынагъуэмрэ абы а лъэпкъыр къызэрыгуэкӀ унагъуэм къыхэкӀа бзылъхугъэ цӀыкӀум и фӀыгъэкӀэ къыӀэщӀэха зэрыхъуамрэщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкӀэ, ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ VӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм журт куэд гъэру яубыдри, Бабылей хэгъэгум яхуауэ щытыгъащ. Бабылейр Къэжэрым къыщизэум, пащтыхь къытеувам журтхэр я хэку кӀуэжыну хуит ищӀащ. АрщхьэкӀэ абыхэм ящыщ куэдыр мыкӀуэжу лъапсэ щадза щӀыналъэм къыщынат.
Пащтыхьыгъуэр Ахъийшурэщ щыӀэщӀыхьэм журтхэм нэгъуэщӀ шынагъуэ къалъыкъуэкӀащ. Пащтыхьым а лъэпкъыр дунейм тезылъагъуэ мыхъу Аман лъытэныгъэшхуэ хуищӀу цӀыху цӀыкӀум яхеӀэтыкӀыр. Аман бзаджагъэ защӀэкӀэ пащтыхьыр къыдешэхыр, и арэзыныгъэм егъэгушхуэри, зэрыжурт лъэпкъыу игъэкӀуэдыну игу ирелъхьэ. Гухэлъ щӀэпхъаджэр Аман къызыхихар лъэпкъкӀэ журтхэм ящыщ Мардэхей абы лъапӀэныгъэ ирихыу щхьэщэ зэрыхуимыщӀара хуэдэу тхылъым къыщыгъэлъэгъуами, абы тхыдэ лъабжьэ иӀэщ.
ПсэзэпылъхьэпӀэм лъэпкъыр къишыным Мардэхеи, Сэфирэти я акъыли, я лӀыгъи ирахьэлӀэ икӀи бзаджэщӀагъэу Аман зэрихъахэм пэщӀохуэжри токӀуэдэж. И цӀэр къыхэмыщ пэтми, тхылъыр зытепсэлъыхь хъыбарым и къегъэкӀуэкӀыкӀэмкӀэ зэхыбощӀэ а псор Тхьэм и ухыгъэм тету къызэрыхъур, тхыдэ хъугъэ-щӀагъэхэри Абы гъуэгу захуэм зэрытришэр.
«Пурим»-кӀэ еджэу журтхэм ноби Ӏэтауэ ягъэмахуэщӀ махуэр къуэпскӀэ зэкӀуэлӀэжыр тхылъым зи гугъу ищӀ а къэхъукъащӀэхэрщ. Журтхэр ягъэкӀуэдыну щытраухуа пӀалъэр гузэвэгъуэм къыщыхэкӀа махуэу зызэридзэкӀащ. Журтхэм хабзэ яхуэхъуауэ «Сэфирэт и тхылъыр» мы махуэхэм щӀаджыкӀыныр къызыхэкӀри аращ.
Тхылъым къыщыӀуэта Ӏуэхугъуэхэм поджэж адыгэ ӀуэрыӀуатэм ноби хъума щыхъуа «Сэфирэт-гуащэ и хъыбарри». Хъыбарым къызэрыхэщымкӀэ, и дахагъэкӀи, и губзыгъагъэкӀи хуэдэ къэмыхъуауэ Сэфирэт-гуащэр цӀыхубз зэкӀужт икӀи цӀэрыӀуэт. Тхьэм къритауэ бгъэдэлъ Ӏущыгъэр Сэфирэт-гуащэм ирехьэлӀэри, зыщыщ лъэпкъыр игъэкӀуэдыну къахузэпещэ лӀы бзаджэм пэщӀоувэж, арыххэуи хъуагъэщагъэу къакӀэлъызэрихьахэми ар токӀуэдэж. Зи псэ емыблэжа бзылъхугъэ цӀыкӀур къызыхэкӀа лъэпкъым фӀылъагъуныгъэрэ лъытэныгъэкӀэ еӀэтыр, и псалъэ тӀэужыӀэ ямыщӀыуи ягъэзащӀэу хуожьэ. Нэхъыжьхэм къаӀуэтэжу щыта Нухь, Ибрэхьим, Мусэ, Данил, Щамел, Даут, Сэлмэн сымэ я хъыбархэм хуэдэуи, Сэфирэт-гуащэ и тхыдэр адыгэхэм зэрацӀыхур дин хъыбарущ. Абы къегъэлъагъуэ ар КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум къызэрикӀар, «Сэфирэт и тхылъым» къыхэщыж пащтыхь гуащэ Эстер, адыгэбзэкӀэ Сэфирэт-гуащэ жыхуаӀэм, и тхыдэм гуэх имыӀэуи зэрепхар.
Избрани в момента:
Сэфирэт и тхылъ Пэублэ псалъэ: АдгФЛ
Маркирай стих
Споделяне
Копиране
Искате ли вашите акценти да бъдат запазени на всички ваши устройства? Регистрирайте се или влезте
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

: