1
Лука 12:40
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Фэри фыхьэзырын хуейщ, фыщимыгугъэ сыхьэт гуэрым ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къэкӀуэжынущи.
Compare
Explore Лука 12:40
2
Лука 12:31
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхугъуэхэм я ужь фит япэщӀыкӀэ, адрейуэ къэна Ӏуэхугъуэхэр псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ.
Explore Лука 12:31
3
Лука 12:15
ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми.
Explore Лука 12:15
4
Лука 12:34
Фи мылъкушхуэр здэщыӀэм фигухэри щыӀэнущ.
Explore Лука 12:34
5
Лука 12:25
ЩӀэкъу пэтми, хэт фэ фщыщу, зы Ӏэбжьэ нэхъ мыхъуми, и кӀыхьагъым хигъэхъуэн зылъэкӀынур?
Explore Лука 12:25
6
Лука 12:22
– Аращи, нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – «Сыт тшхыну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фи Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ.
Explore Лука 12:22
7
Лука 12:7
Фи щхьэм тет щхьэц налъэ псори лъытащ. Аращи, фымышынэ. Бзу Ӏэджэм нэхърэ фынэхъ лъапӀэщ фэ.
Explore Лука 12:7
8
Лука 12:32
– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи.
Explore Лука 12:32
9
Лука 12:24
Къуаргъхэм феплъыт. Абыхэм жылэ ясэркъым, гъави къахыжыркъым, гуэни гъэтӀылъыпӀи яӀэкъым, ауэ Тхьэм ахэр егъашхэ. Фэ бзухэм нэхърэ куэдкӀэ фынэхъ лъапӀэкъэ!
Explore Лука 12:24
10
Лука 12:29
Фэри фшхынумрэ фызэфэнумрэ я ужь фимыт икӀи абыхэм фримыгумэщӀ.
Explore Лука 12:29
11
Лука 12:28
Нобэ губгъуэм щыгъагъэу, пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэу фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр?
Explore Лука 12:28
12
Лука 12:2
КъыщӀэмыщыжыну щӀэхъумауэ зыри щыӀэкъым, цӀыхухэм къамыщӀэну гъэпщкӀуауи зыри щыӀэкъым.
Explore Лука 12:2
Home
Bible
Plans
Videos