1
Марк 14:36
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
– Аббэ, си Адэ. Уэ пхузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ. – Мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. ИтӀани сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.
Compare
Explore Марк 14:36
2
Марк 14:38
Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.
Explore Марк 14:38
3
Марк 14:9
Пэжыр нывжызоӀэ, дуней псом хъыбарыфӀыр щыщызэлъагъэщӀыскӀэ, мы цӀыхубзым ищӀари яӀуэтэнущ, а цӀыхубзыр цӀыхухэм я гум фӀыкӀэ къагъэкӀыжын щхьэкӀэ.
Explore Марк 14:9
4
Марк 14:34
– СылӀэн хуэдэ, хуабжьу согузавэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Фымыжейуэ, фысакъыу мыбдежым фыщыӀэ.
Explore Марк 14:34
5
Марк 14:22
Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀрэ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ: – Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.
Explore Марк 14:22
6
Марк 14:23-24
Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри яритащ итӀанэ. Абы итым щыщ ефащ псори. – Мы санэр сэ си лъыуэ Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэр арщ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэн щхьэкӀэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ.
Explore Марк 14:23-24
7
Марк 14:27
– Утыкум си закъуэу сыкъивнэнущ фэ псоми, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм абы теухуауэ жиӀар и псалъэ тхахэм хэтщ: «Сэ мэлыхъуэр сыукӀынущ, мэлхэри зэбгрыкӀыжынущ».
Explore Марк 14:27
8
Марк 14:42
Фытэдж! ФынакӀуэ, абыхэм сезыгъэубыдынур къэблэгъащ.
Explore Марк 14:42
9
Марк 14:30
– Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ Хьисэ Петр, – ныжэбэ дыдэм адакъэ тӀэу мыӀуэ щӀыкӀэ, сэ сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ.
Explore Марк 14:30
Home
Bible
Plans
Videos