1
Гъэсэпэтхыдэхэр 12:25
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
Зыкъузыр цӀыхум и гур гузэвэгъуэрщ, гунэдж къезытыр псалъэ гуапэрщ.
Compare
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 12:25
2
Гъэсэпэтхыдэхэр 12:1
Ущиер зи гуапэм – щӀэныгъэри и жагъуэкъым, гиер зи жагъуэр – хуэхейщ щӀэныгъэр зи цӀэм.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 12:1
3
Гъэсэпэтхыдэхэр 12:18
Зи бзэ хуэмысакъым и псалъэ жыӀэпхъаджэщ – укъеуӀэ, цӀыху Ӏущ и псалъэр Ӏэзэгъуэ зыхэлъ хущхъуэм хуэдэщ.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 12:18
4
Гъэсэпэтхыдэхэр 12:15
Акъыл зимыӀэм, сыт имыщӀами, гъуэгу захуэ тет къыфӀощӀ, цӀыху Ӏущыр сыт щыгъуи чэнджэщ щӀэдэӀу зэпытщ.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 12:15
5
Гъэсэпэтхыдэхэр 12:16
Акъылыншэр губжьым псынщӀэу къызэщӀеӀэтэ, губзыгъэр щхьэкӀуэу кърапэсым блокӀ.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 12:16
6
Гъэсэпэтхыдэхэр 12:4
ЩхьэгъусэфӀыр – лӀым и пыӀэ махуэщ, фыз напэтехыр – къупщхьэ узым хуэдэщ.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 12:4
7
Гъэсэпэтхыдэхэр 12:22
ХуищӀащ гущыкӀ псалъэпцӀым Тхьэуэ Зиусхьэным, зи псалъэ темыкӀыу тетхэм щыхуащ Абы и нэфӀ.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 12:22
8
Гъэсэпэтхыдэхэр 12:26
ЗахуащӀэхэр цӀыхум яхуохъу гъуэгугъуазэ, бзаджащӀэхэр гъуэгугъэщхьэрыуэщ.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 12:26
9
Гъэсэпэтхыдэхэр 12:19
Псалъэ пэжым кӀуэд иӀэнукъым игъащӀэм, псалъэпцӀым напӀэзыпӀэщ и уахътыр.
Explore Гъэсэпэтхыдэхэр 12:19
Home
Bible
Plans
Videos