Лука 11
11
11-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм елъэӀуным теухуауэ
(Маттэ 6:9-15; 7:7-11)
1Тхьэм щӀыпӀэ гуэрым щелъэӀурт Хьисэ. Тхьэм елъэӀуа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрым абы жриӀащ:
– Зиусхьэн, цӀыхухэр зыумэхъ Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм Тхьэм узэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр зэраригъэщӀам хуэдэу, уэри дэ дыгъащӀэ.
2– Тхьэм фелъэӀу щыхъукӀэ, мыпхуэдэу жыфӀэ, – яжриӀащ Хьисэ.
– «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ!
Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ.
Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекӀуэ.
Уэ узыхуейр, уафэм зэрыщыхъум хуэдэу,
щӀылъэми щрехъу.
3ЩӀакхъуэу дызыхуэныкъуэр махуэ
къэс къыдэт.
4Дэ гуэныхьу тщӀахэр къытхуэгъэгъу,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ
мыхъун къыдэзыщӀэ дэтхэнэми дэри худогъэгъури.
ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну
хуит умыщӀ, абы дыщыхъумэ».
5– Фэ фщыщ гуэрым ныбжьэгъу иӀэу жытӀэнщ, – яжриӀащ Хьисэ. – А ныбжьэгъум и унэм жэщыбгым макӀуэри, абы жреӀэ: «Ныбжьэгъу, щӀакхъуищ щӀыхуэу къызэт, 6си ныбжьэгъу гуэр гъуэгурыкӀуэу къысхуэкӀуащи. Езгъэшхын зыри сиӀэкъым».
7– Унэм щӀэс ныбжьэгъум къыжреӀэ: «Гугъу сумыгъэхь, куэбжэр гъэбыдащ, си сабийхэри си гъусэу пӀэм дыхэлъщ. Зыри уэстыфынукъым, сыкъэтэджу».
8– Сэ нывжызоӀэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ, – зэриныбжьэгъум щхьэкӀэ, хуэтэджу щӀакхъуэр иримытами, и ужь зэримыкӀыжым щхьэкӀэ, зыхуей псори хуищӀэнущ абы.
9– Аращи, сэ нывжызоӀэ, фелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, къэвгъуэтынущ; куэбжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ; 10Тхьэм хэт елъэӀуми, зыщӀэлъэӀур иӀэ хъунущ, хэт сыт къилъыхъуэми, зылъыхъуэр къигъуэтынущ; куэбжэм теуӀуэми, Тхьэм къыхуӀуихынущ.
11– Адэ къыфхэт, и къуэр щӀакхъуэ щхьэкӀэ къелъэӀумэ, мывэ иритыну, е бдзэжьей щхьэкӀэ къелъэӀумэ, блэ иритыну, 12е джэдыкӀэ щхьэкӀэ къелъэӀумэ, акърэб иритыну? 13Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зарефтынур фощӀэ. АтӀэ, абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэ яритынукъэ Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и Псэ ЛъапӀэм къелъэӀухэм?
Хьисэрэ жин бзаджэхэм я пашэ Велзевулрэ
(Маттэ 12:22-30; Марк 3:20-27)
14Бзагуэ гуэрым и бзэр зубыда жин бзаджэр хихужат Хьисэ. Жин бзаджэр хэкӀыжа нэужь, бзагуэу щыта цӀыхур къэпсэлъэжащ. ЦӀыхухэм ягъэщӀэгъуащ ар. 15Ауэ абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ:
– Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ Хьисэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.
16НэгъуэщӀхэри, Хьисэ ягъэунэхун щхьэкӀэ, зы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну щӀэлъэӀуащ. 17Абыхэм ягу илъыр ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ:
– Дэтхэнэ къэралри лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, зэхэкъутэнущ, унагъуэ гуэри лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, къызэтещэхэнущ. 18Апхуэдэщи, шейтӀаныр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, и тепщэныгъэр щыӀэжын дауэ лъэкӀыну? Ар щӀыжысӀэр сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм Велзевулым и къарукӀэ хэсхуу зэрыжыфӀэращ. 19НтӀэ, сэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр Велзевул и къарукӀэ щахэсхукӀэ, фэ фи цӀыхухэм жин бзаджэхэр зэрыхахужыр хэт и къарукӀэ? Аращи, фэ фи цӀыхухэрщ фызыгъэкъуэншэнур. 20Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахэсхужыр Тхьэм и Ӏэпхъуамбэращи, абы къикӀыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыфхыхьауэ арщ.
21– ЛӀы лъэщ гуэрым, ӀэщэкӀэ фӀыуэ зэгъэпэщауэ, и унэр щихъумэжкӀэ, и мылъкумкӀэ шынагъуэ щыӀэкъым. 22Ауэ абы нэхърэ нэхъ цӀыху лъэщыж къытебанэрэ къытекӀуэмэ, ар зыщыгугъ Ӏэщэхэр трихынурэ, ахэр псори хигуэшыжынущ.
23– Сэ си мыгъусэр си пэрыуэгъущ, си гъусэу зэхуэзымыхьэсым зэбгредз.
Жин бзаджэм къызэригъэзэжыр
(Маттэ 12:43-45)
24– Жин бзаджэ гуэр, цӀыху гуэрым къыщыхэкӀыжкӀэ, псы здэщымыӀэ губгъуэ нэщӀым макӀуэри, зыщигъэпсэхун щӀыпӀэ лъыхъуэурэ къекӀухь. Зыщигъэпсэхун щӀыпӀэ щимыгъуэткӀэ, жеӀэ: «Сызыхэса цӀыхум, си унэу щытам деж, згъэзэжынщ». 25Абы деж къегъэзэжри, унэр пхъэнкӀауэ, зэлъыӀухауэ кърохьэлӀэж. 26Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэ, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.
27Хьисэ а псалъэхэр щиӀуатэм, цӀыхубэм ящыщ цӀыхубз гуэрым макъышхуэкӀэ жиӀащ:
– Уэ узэрылъа ныбэри, узэфа быдзышэри махуэщ.
28– Пэжщ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащӀэхэр абы нэхърэ нэхъ махуэщ.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм нэщэнэ зэрахуэхъур
(Маттэ 12:38-42; Марк 8:12)
29ЦӀыхубэр къыщызэхуэсым, Хьисэ абы яжриӀащ:
– Иджырей цӀыхухэр бзаджэщ. Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым#11:29-30 Инус бегъымбарыр – еплъ Инус бегъымбарым и хъыбар зэрыт тхылъым (Иона) 3. и нэщэнэм фӀэкӀа, Тхьэм абыхэм нэгъуэщӀ нэщэнэ къаритынукъым. 30Инус бегъымбарыр Ниневие къалэм дэса цӀыхухэм нэщэнэ зэрахуэхъуам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр иджырей цӀыхухэм нэщэнэ яхуэхъунущи. 31Ипщэ къэралым щыщ пащтыхь цӀыхубзыр,#11:31 пащтыхь цӀыхубзыр – еплъ Пащтыхьхэм я хъыбархэр зэрыт япэ тхылъым (3-я Царств) 10:1-10. къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ икӀи ахэр къигъэкъуэншэнущ, а пащтыхь цӀыхубзыр Сэлмэн пащтыхьым#11:31 Сэлмэн пащтыхьыр – СоломонкӀэ зэджэрщ. и акъылыфӀагъэм едэӀуэн щхьэкӀэ щӀылъэм и гъунэ дыдэм къикӀри къэкӀуащи; ауэ сэ нывжызоӀэ, Сэлмэн нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ. 32Ниневие къалэм дэса цӀыхухэр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ икӀи ахэр къагъэкъуэншэнущ, Инус ахэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэ щыхъум, ахэр ящӀа гуныхьхэм хущӀегъуэжащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Инус нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.
Пкъым и уэздыгъэр
(Маттэ 5:15; 6:22-23)
33– Уэздыгъэ пигъанэу, ар плӀанэпэ пхыдза гуэрым дигъэувэркъым зыми, е пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм и уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ. 34Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ. Уи нэр мыщӀагъуэмэ, уипкъ псори кӀыфӀынущ. 35Аращи, нэхуу пхэлъыр кӀыфӀ зэрымыхъуным хуэсакъ. 36КӀыфӀыгъэ хэмылъу уипкъ псом нэхур щызмэ, уи пкъыр зэрыщыту нэху щытынущ, уэздыгъэ нэхум укъызэригъэнэхум хуэдэу.
Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я къуаншагъэр Хьисэ къызэрыщӀигъэщар
(Маттэ 23:1-36; Марк 12:38-40; Лука 20:45-47)
37А псалъэхэр жиӀа нэужь, Хьисэ фарисей гуэрым игъэшхэну и унэ иригъэблэгъащ. Абы и унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ. 38Шхэн и пэкӀэ, Хьисэ и Ӏэхэр зэримытхьэщӀар щилъагъум, фарисейм игъэщӀэгъуащ.
39– Фэ, фарисейхэм, фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я щӀыфэр фогъэкъабзэ, – жриӀащ Зиусхьэным абы, – ауэ нэпсеягъэрэ бзаджагъэрэ фӀэкӀа, зыри фкӀуэцӀылъкъым. 40Акъылыншэхэ! ЩӀыфэр къэзыгъэщӀа Тхьэм кӀуэцӀри къигъэщӀакъэ? 41Фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я кӀуэцӀым илъыр тхьэмыщкӀэхэм ефти, псори къабзэ хъунущ фэркӀэ.
42– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, фарисейхэр! ХадэхэкӀ нэхъ пудхэм ящыщу пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ фот, ауэ захуагъэмрэ Тхьэр фӀыуэ флъагъунымрэ фыбгъэдокӀ. Аращ фызытекӀ мыхъунур, адрей фи фарзхэр зыщывмыгъэгупщэу.
43– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, фарисейхэр. Синэгуэгухэм тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр щывубыдыну, цӀыху зэхыхьэпӀэхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхуевгъэщӀыну фи щӀасэщ.
44– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, фарисейхэри, фэ, бзитӀщхьитӀхэ, фэ кхъащхьэ хэкӀудэжахэм фахуэдэщи. ЦӀыхухэм гу лъамытэурэ, абыхэм я гущӀыӀум фрокӀуэ.
45Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрым Хьисэ къыжриӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, ар щыжыпӀэкӀэ дэри ди жагъуэ уощӀ.
46– Фэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, – жиӀащ Хьисэ, – цӀыхухэм хьэлъэ шэчыгъуейхэр ятыволъхьэ, ауэ абыхэм фадэӀэпыкъун щхьэкӀэ зы Ӏэпхъуамби вгъэхъейркъыми.
47– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ! Фи адэжьхэм яукӀауэ щыта бегъымбархэм щхьэкӀэ сынхэр фогъэув. 48Апхуэдэу щыщыткӀэ, фи адэжьхэм ящӀа бзэджагъэхэр фэри зэрадэфщтэм щыхьэт фыхуохъу; ахэр фи адэжьхэм яукӀыгъащ, фэ абыхэм сынхэр яхувогъэув. 49Абы къыхэкӀкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ жиӀащ: «Бегъымбархэри апостолхэри абыхэм яхуэзгъэкӀуэнущ. Абыхэм ящыщ зы гуп къаукӀынущ, адрей гупри гугъу ирагъэхьэнущ». 50-51Абы щхьэкӀэ нывжызоӀэ, Хэбэл бегъымбарым и лъым щыщӀэдзауэ Зэчрей бегъымбарым и лъыр къыхиубыдэу, бегъымбар псоми я лъы уасэр иджырей цӀыхухэм Тхьэм яригъэпшыныжынущ. Зэчрейращ къурмэнщӀыпӀэмрэ Тхьэм и унэшхуэмрэ я зэхуакум щагъэкӀуэдыгъар. Пэжыр нывжызоӀэ, дунейр къызэригъэщӀрэ а псоми я лъы уасэр иджырей цӀыхухэм Тхьэм яригъэпшыныжынущ.
52– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, щӀэныгъэм и ӀункӀыбзэр фэ фщтащи. Ауэ щӀэныгъэм и унэм фыщӀыхьакъым, щӀыхьэну хуеяхэри щӀыхьэну хуит фщӀакъым.
53-54Хьисэ абдежым щыӀукӀыжым, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ар щагъэуэну хуейуэ, Ӏуэху гуэрым траубыдэным ещэу, Ӏуэху куэдкӀэ еупщӀурэ, хагъэзыхьу щӀадзащ.
Currently Selected:
Лука 11: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: