Лука 16
16
16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЛӀы бейм и унэзехьэ хьилэшым теухуа ущие хъыбарыр
1– ЛӀы бей гуэрым унэзехьэ гуэр иӀащ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. – «Мы лӀым уи мылъкур пфӀегъэкӀуэд», жраӀащ цӀыхухэм лӀы бейм. 2Арати, лӀы бейм и унэзехьэр къриджэри, жриӀащ: «Уэр щхьэкӀэ жаӀэр пэж? Си мылъкур зэрызепхьэ щӀыкӀэр сыгъэлъагъу. Си мылъкур дяпэкӀэ уэ зепхьэ хъужынукъым».
3– «Сыт сщӀэнур?» – жиӀащ игукӀэ унэзехьэм. «Си тепщэм си ӀэнатӀэр сӀехыж. ЩӀы къэстӀыну къару схурикъун сиӀэкъым, сылъэӀуэнуи соукӀытэ. 4Си ӀэнатӀэр сӀихыжмэ, сщӀэнур иджы къэсщӀащ, цӀыхухэм я унэхэм срагъэблэгъэн щхьэкӀэ».
5– Арати, тепщэм и щӀыхуэ зытелъу хъуар унэзехьэм зырызурэ къриджэри, абыхэм ящыщ зым еупщӀащ: «Си тепщэм и щӀыхуэу сыт хуэдиз птелъыр?»
6– «Дагъэ фэндырищэ стелъщ», жиӀащ щӀыхуэ зытелъ лӀым.
– «Мис, уи щӀыхуэ тхылъыр къэщтэж, тӀыси, псынщӀэу щэ ныкъуэ итхэ», жриӀэжащ абы.
7Унэзехьэм нэгъуэщӀ гуэрми жриӀащ: «Уэ сыт хуэдиз щӀыхуэу птелъыр?»
– «Гуэдз къэпищэ стелъщ», жиӀащ абы.
– «Уи щӀыхуэ тхылъыр къэщтэжи, пщӀей итхэ», жриӀащ абы.
8– Апхуэдэу щыхъум, тепщэр и унэзехьэ хьилэщым щытхъуащ, зэрыӀущым щхьэкӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм тет цӀыхухэр зэрызэхущытымкӀэ нэху щыпкъым щызекӀуэ цӀыхухэм нэхърэ нэхъ Ӏущщ. 9ИкӀи сэ нывжызоӀэ, дунейм щывиӀэ мылъкумкӀэ ныбжьэгъухэр зэвгъэгъуэт, а мылъкур фуха нэужь, мыкӀуэдыжын псэупӀэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкӀэ.
10– Ӏуэху мащӀэкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхум Ӏуэху куэдкӀи ущыгугъ хъунущ, Ӏуэху мащӀэкӀэ узыщыгугъ мыхъун цӀыхум Ӏуэху куэдкӀи ущыгугъ хъунукъым. 11Апхуэдэу щыщыткӀэ, дуней мылъкур зефхьэну узыщыгугъ хъун цӀыхуу фыщымытамэ, мылъку пэжыр фэ фи ӀэмыщӀэ хэтыт къизылъхьэнур? 12НэгъуэщӀхэм я мылъкур зрахьэнкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхуу фыщымытамэ, фэ фи мылъкур зефхьэну хэтыт къывэзытынур?
13– Зы унэӀутым зиусхьэнитӀым хуэлэжьэн лъэкӀынукъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фӀыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкӀынукъым фэ.
Торэт хабзэмрэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэмрэ
(Маттэ 11:12-13)
14Ахъшэр фӀы дыдэу зылъагъу фарисейхэм а псор щызэхахым, Хьисэ щыдыхьэшхащ. 15Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– Фэ цӀыхухэм я пащхьэм щыпкъагъэ фигу илъ хуэдэу фэ зыщытывогъауэ, ауэ фэ фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ пуд дыдэщ.
16– Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятхахэм итхэмрэ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм адрей цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу щытащ, умэхъакӀуэ Иуан и махуэхэм нэсыху. Абы къыщыщӀэдзауэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ икӀи хэти а Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэну пӀэщӀэгъуэкӀэ щӀокъу. 17Ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀур хэкӀуэдыкӀыным нэхърэ уафэмрэ щӀылъэмрэ нэхъ кӀуэдыжыгъуафӀэщ.
Фыз игъэкӀыжыным теухуауэ
(Маттэ 5:32; 19:9; Марк 10:11-12)
18– И фызыр изыгъэкӀыжу, нэгъуэщӀ цӀыхубз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищӀауэ мэхъу. Апхуэдэу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фызыр къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.
ЛӀы беймрэ Лазаррэ
19– ЛӀы бей гуэр щыӀащ. Щыгъыным я нэхъ лъапӀэмкӀэ зихуапэрт абы, махуэ къэси ефэ-ешхэшхуэ ищӀырт. 20ЛӀы бейм и куэбжэм деж лӀы тхьэмыщкӀэ гуэр, Лазар зи цӀэр, и щӀыфэр бэгум зэщӀищтауэ щылът. 21А тхьэмыщкӀэр и мэжалӀэ иригъэкӀыну хэтт лӀы бейм и Ӏэнэм къехуэхымкӀэ. Хьэхэри къекӀуалӀэурэ, абы и бэгухэм къебзейрт.
22– ЛӀы тхьэмыщкӀэр дунейм ехыжащ, мелыӀычхэм ар Ибрэхьим бегъымбарым деж яхьащ. ЛӀы бейри дунейм ехыжри щӀалъхьэжащ. 23А лӀы бейм, лӀахэм я лъахэм хьэзэб щытелъу и нэхэр къиӀэтри, Ибрэхьим жыжьэу къилъэгъуащ, Лазари бгъэдэсу. 24Ар щилъагъум, джащ: «Ди адэ Ибрэхьим, гущӀэгъу къысхуэщӀ, Лазар къысхуэгъакӀуи, абы и Ӏэпэр псым хищӀэм, си бзэгум къытрилъхьэурэ ирегъэупщӀыӀу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы мафӀэм сыхэтщи, хьэзаб стелъщ».
25– «Си щӀалэ», жиӀащ Ибрэхьим, «уигу къэгъэкӀыж дунейм ущытетым уэ абы ӀыхьэфӀыр щыбгъуэтрэ, Лазар гугъу щехьу зэрыщытар. Ауэ абы игу зыгъэзагъэ фӀыгъуэхэр егъуэт иджы, уэ гугъу уохь. 26Абы нэмыщӀ, фэрэ дэрэ ди зэхуакум къуэ куу дэтщ, мыбы никӀыу фи деж нэкӀуэну хуейхэр нэмыкӀуэфын щхьэкӀэ. Апхуэдэу, фи деж къикӀыу ди деж къэкӀуэни ялъэкӀынукъым».
27– «АтӀэ, ди адэ», жиӀащ лӀы бейм, «сынолъэӀу, си адэм и унэм Лазар гъакӀуэ, 28сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэшитху сиӀэщ. Мы гугъуехь шэчыпӀэм ахэри къэмыкӀуэн щхьэкӀэ, зыхуэсакъыжыну ягурырегъаӀуэ».
29– «Абыхэм Мусэ бегъымбарым итхахэмрэ адрей бегъымбархэм ятхахэмрэ яӀэщ, а тыгъэхэм ирырегъуазэ», къыжриӀащ Ибрэхьим лӀы бейм.
30– «Хьэуэ, ди адэ Ибрэхьим», жиӀащ лӀым, «лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжрэ игъэзэжмэ, ахэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынущ».
31– «Мусэ бегъымбарымрэ адрей бегъымбархэмрэ емыдаӀуэмэ, лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжми, я фӀэщ хъунукъым», къыжриӀащ Ибрэхьим.
Currently Selected:
Лука 16: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: