Лука 17
17
17-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхухэм, гуэныхь гъэгъуным, фӀэщхъуныгъэм, жыӀэщӀэным теухуауэ
(Маттэ 18:6-7, 21-22; Марк 9:42)
1– ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхугъуэхэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыпкърыкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. 2– Абы мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дригъэхьэх нэхърэ, щхьэл мывэ и пщэм кӀэращӀэу хым хадзатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт. 3Аращи, фызыхуэсакъыж!
– Уи къуэшым#17:3 уи къуэш – зы диным ирикӀуэхэр зэкъуэш мэхъу. гуэныхь ищӀэмэ, ар зэрыгуэныхьыр жеӀэ икӀи ар щӀегъуэжмэ, хуэгъэгъу. 4Зы махуэм и кӀуэцӀкӀэ уэркӀэ блэнейра гуэныхь ищӀэмэ, къигъэзэжу, «СыщӀегъуэжащ», жиӀэмэ, хуэгъэгъу.
5– ФӀэщхъуныгъэу диӀэм къытхухэгъахъуэ, – къыжраӀащ апостолхэм#17:5 апостолхэр – еплъ Маттэ 10:2. Зиусхьэным.
6– Хъардэл#17:6 хъардэл – еплъ 13:19. хьэдзэм хуэдиз фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, мы ахъуо жыгым «Зыкъыхэтхъыжи, хым зыщыхэсэж», жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.
7– Фщыщ гуэрым унэӀуту иӀэр вэуэ е мэлхэр игъэхъуу жытӀэнщ. А унэӀутыр губгъуэм къыщикӀыжкӀэ, «ПсынщӀэу къакӀуи, Ӏэнэм къыбгъэдэтӀысхьэ», жриӀэну пӀэрэ абы? 8Хьэуэ, жриӀэнукъым. ЖриӀэнур мыращ: «Пщыхьэщхьэшхэ къысхуэгъэхьэзыр, уи цеикӀэр дэупщӀи, сэ сышхэху икӀи сефэху къысщхьэщыт. Абы и ужькӀэ ушхэну икӀи уефэну ухуитщ». 9А унэӀутым хуэпщӀа унафэр зэригъэзэщӀам щхьэкӀэ фӀыщӀэ хуэпщӀыну? Си гугъэкъым. 10Апхуэдэу, фэри, Тхьэм къыфхуищӀа унафэр вгъэзэщӀа нэужь, мыпхуэдэу жыфӀэн хуейщ: «Дэ пщӀэ зимыӀэ дыунэӀутщ. Дэ тщӀар тщӀэн хуеиуэ щытар тщӀауэ».
Уэшын уз зыпкърыт цӀыхуипщӀыр Хьисэ зэригъэхъужар
11Хьисэ Ерусалим кӀуэуэ, Самарие, Галилей хэкухэм кӀуэцӀрыкӀырт. 12Жылэ гуэрым дыхьэ пэтрэ, уэшын уз зыпкърыт лӀипщӀ къыӀущӀащ. Жыжьэу къэуври, 13макъышхуэкӀэ къэджащ ахэр:
– Хьисэ, гъуазэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!
14Ахэр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ:
– ФыкӀуи, дин пашэхэм закъевгъэлъагъу.
Ахэр гъуэгум здрикӀуэм, къабзэ хъуурэ, я узыр якӀэрыхужащ.
15Абыхэм ящыщ зым зэрыхъужар щилъагъум, Тхьэм макъышхуэкӀэ фӀыщӀэ хуищӀурэ къигъэзэжащ. 16Хьисэ и лъабжьэм бгъэгукӀэ зыщӀидзэри, фӀыщӀэ хуищӀащ. А лӀыр Самарие хэкум#17:16 Самарие хэкур – еплъ 9:52. щыщт.
17– ЛӀипщӀыр къабзэ хъужакъэ? – жиӀащ Хьисэ. – Адрей лӀибгъур дэнэ щыӀэ? 18Мы лӀы хамэ закъуэм фӀэкӀа, къигъэзэжу Тхьэм фӀыщӀэ хуэзыщӀын зыри къахэмыкӀауэ аракъэ?
19Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ:
– Къэтэджи, кӀуэж. Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыкӀуэнур
(Маттэ 24:23-28, 37-41)
20– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сыт щыгъуэ къэкӀуэну? – жаӀэу фарисейхэр Хьисэ щеупщӀым, абыхэм яжриӀащ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр нэрылъагъуу къэкӀуэнукъым, 21икӀи цӀыхухэм, «Мис, ар мыдэ щыӀэщ», е «Мес, модэ щыӀэщ», жаӀэнукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр фэ къыфхэтщ.#17:21 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр фэ къыфхэтщ – е фигу илъщ. Еплъ 6:20.
22Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ:
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и махуэхэм щыщу зы махуэ закъуэ нэхъ мыхъуми флъагъуну фыщыхуей зэман къэунэхунущ, ауэ фэ флъагъунукъым. 23«Мис, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр мыдэ щыӀэщ», е «Мес, модэ щыӀэщ», къывжаӀэнущ, ауэ абы фымыкӀуэ икӀи а цӀыхухэм факӀэлъымыжэ; 24сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы уафэ гъунэм къыщыщӀэдзауэ адрей гъунэм нэсыху уафэхъуэпскӀым дунейр зэригъэнэхум хуэдэу, къыщыкӀуэжыну махуэм деж ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэлъэгъуэжынущ. 25Ауэ абы гугъуехь куэд ишэчын икӀи иджырей цӀыхухэм ар зыхагъэкӀын хуейщ япэщӀыкӀэ.
26– Нухь бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр зэрыщытам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум и пэ къихуэ махуэхэм Ӏуэхухэр абы тетынущ. 27ЦӀыхухэр шхэрт, икӀи ефэрт, къашэрт икӀи дэкӀуэрт абы щыгъуэ, Нухь кхъухьым щитӀысхьэну махуэм нэсыху. ИтӀанэ псыдзэр#17:27 псыдзэр – еплъ 1 Мусэ 7:6-23. къащӀэуэри, абы псори хэкӀуэдащ.
28– ЛутӀ бегъымбарым#17:28-29 ЛутӀ бегъымбарыр – еплъ 1 Мусэ 19:15-25. и махуэхэм Ӏуэхухэр апхуэдэу щытащ: ЦӀыхухэр шхэрт икӀи ефэрт, зыгуэрхэр къащэхурт икӀи ящэрт, жылэ ясэрт, унэхэри ящӀырт. 29Ауэ ЛутӀ Содом къалэм щыдэкӀа махуэм мафӀэрэ тхъуэбзащхъуэрэ зэщӀэлъу уафэм къещэщэхри, ахэр псори хэкӀуэдащ.
30– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщылъэгъуэжыну махуэм дежи Ӏуэхухэр апхуэдабзэу щытынущ. 31А махуэм унащхьэм тетыр унэм щӀэлъ и хьэпшыпхэр здищтэну щӀремыхьэж. Губгъуэм итми унэм къремыгъэзэж. 32ЛутӀ и фызым#17:32 ЛутӀ и фызым – еплъ 1 Мусэ 19:26. къыщыщӀар фигу къэвгъэкӀыж. 33Зи псэр мыкӀуэду къезыгъэлыну и ужь ит дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр мыкӀуэду къригъэлынущ. 34Сэ нывжызоӀэ, зы пӀэм цӀыхуитӀ хэлъынущ а жэщым, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ. 35ЦӀыхубзитӀым гуэдз зэдахьэжынущ, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ. 36Губгъуэм цӀыхуитӀ итынущ, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ.
37– Дэнэ ар къыщыхъунур, Зиусхьэн? – еупщӀащ ахэр Хьисэ.
– Псэущхьэ лӀа здэщыӀэм бгъэжьхэр щызэхуэсынущ, – яжриӀащ Хьисэ.
Currently Selected:
Лука 17: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: