Лука 21:25-26
Лука 21:25-26 KBDNTGP2017
– Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр дыгъэми, мазэми, вагъуэхэми къыщылъэгъуэнущ. ЩӀым тет лъэпкъхэм ящӀэнур ямыщӀэурэ ягухэр кӀуэдынущ. Хыри ину къэукъубеинурэ, и макъ шынагъуэр къэӀунущ. Дунейм къыщыхъунум пэплъэрэ, шынагъуэм зэщӀищтауэ цӀыхухэр зэтемэхынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уафэм щыӀэ къарухэр къызэщӀэхъеенущ.