YouVersion Logo
Search Icon

Лука 9

9
9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
И гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр Тхьэм хуэлэжьэну Хьисэ зэрыригъэжьар
(Маттэ 10:5-15; Марк 6:7-13)
1Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр зэхуишэсри, цӀыхухэм жин бзаджэхэр хахужыну, я узыфэхэри ягъэхъужыну къарурэ тепщэныгъэрэ яритащ. 2ЦӀыхухэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ирагъэдэӀуэну, сымаджэхэр ягъэхъужыну иригъэжьащ. 3Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм:
– Гъуэгу фыщытехьэкӀэ, зыри здэвмыщтэ, баши, хъуржыни, щӀакхъуи, ахъши здэвмыщтэ. Джанэ тӀурытӀ зыщывмытӀагъэ. 4Унэ гуэрым хьэщӀэу феблэгъамэ, а щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, а унэм фис. 5ЦӀыхухэм фрамыгъэблагъэмэ, я къалэм фыкъыщыдэкӀыжкӀэ, мыхъумыщӀагъэу ящӀамкӀэ абыхэм я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэщэщыж.
6Арати, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэри, жылагъуэхэр къызэхакӀухьурэ, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэу, сымаджэхэр дэнэкӀи щагъэхъужу щӀадзащ.
Пщы Ирод зэрыгузэвар
(Маттэ 14:1-12; Марк 6:14-29)
7Пщы Ирод,#9:7 пщы Ирод – еплъ 3:1. Хьисэ илэжьа псом я хъыбар щызэхихым, гузэващ, ар зыхуихьынур имыщӀэу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыгуэрхэм жаӀэрт:
– Иуан бегъымбарыр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ.
8НэгъуэщӀ гуэрхэми мыпхуэдэу жаӀэрт:
– Иляс бегъымбарыр#9:8 Иляс бегъымбарыр – абы щӀылъэм къигъэзэжу, Мэссихь и гъуэгу хуигъэпсыну журтхэр пэплъэу щытт. Еплъ Малахие бегъымбарым и тхылъым 4:5-6. къэхутащ.
– Пасэрей бегъымбархэм ящыщ гуэр къэтэджыжащ, – жаӀэрт адрейхэми. 9Ауэ Ирод жиӀащ:
– Иуан и щхьэр пезгъэупщӀащ. Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыпхуэдэ Ӏуэхухэр зыхужаӀэ лӀыр хэт?
Ар жиӀэри, Хьисэ зригъэлъагъуным хущӀэкъу хъуащ итӀанэ.
Хьисэ цӀыху минитху зэригъэшхар
(Маттэ 14:13-21; Марк 6:30-44; Иуан 6:1-14)
10Хьисэ деж къыщагъэзэжым, апостолхэм#9:10 апостолхэр – еплъ Маттэ 10:2. ялэжьа Ӏуэхухэр абы хуаӀуэтэжащ. Хьисэ цӀыхухэм яхэкӀщ, апостолхэр зыщӀигъури, ВифсайдэкӀэ зэджэ къалэм#9:10 ВифсайдэкӀэ зэджэ къалэр – Галилей гуэлым и ищхъэрэ къуэкӀыпӀэ Ӏуфэм Ӏутащ. кӀуащ итӀанэ я закъуэу. 11АрщхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэм ар къыщащӀэм, Хьисэ кӀэлъыкӀуащ. Хьисэ абыхэм дахэкӀэ къапежьащ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуауэ епсэлъащ, игъэхъужын хуейхэри игъэхъужащ.
12Махуэр хэкӀуатэу щӀидзащ. И гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ:
– Къуажэ-жылэ гъунэгъухэм кӀуэуэ, жэщыр щрахынрэ гъуэмылэрэ къагъуэтыну цӀыхухэр утӀыпщыж; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы щӀыпӀэр пхыдзащ.
13– Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
– Дэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ фӀэкӀа диӀэкъым, – жаӀащ абыхэм, – дыщимыӀэкӀэ мы цӀыху псоми шхын къахуэтщэхун щхьэкӀэ, дежьэн?
14Ахэр лӀы минитху хуэдиз хъурт.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ:
– ЦӀыхухэр щэ ныкъуэ-щэ ныкъуэурэ гупу вгъэтӀыс.
15Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм апхуэдэу ящӀри, цӀыху псори ирагъэтӀысэхащ. 16ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, абыхэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ Хьисэ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ. 17ЦӀыху псори шхащ, псоми загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярыз хъуащ.
«Уэращ Тхьэм и Мэссихьыр», жиӀэу Петр Хьисэ зэрыжриӀар
(Маттэ 16:13-19; Марк 8:27-29)
18Махуэ гуэрым, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым щыӀэу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу Тхьэм елъэӀуа нэужь, абыхэм еупщӀащ:
– ЦӀыхубэм сэ сыхэту жаӀэрэ?
19– Языныкъуэхэм цӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ, – жэуап къыратащ абыхэм. – НэгъуэщӀхэми у-Иляс бегъымбару жаӀэ. Адрейхэми пасэрей бегъымбархэм ящыщ къэтэджыжауэ жаӀэ.
20– АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.
– Уэращ Тхьэм и Мэссихьыр, – къыжриӀащ Петр.
Езыр зэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ зэрыжиӀар
(Маттэ 16:20-28; Марк 8:31–9:1)
21Езыр зэры-Мэссихьыр зыми хуамыӀуэтэну Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ.
22– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын хуейщ, – жиӀащ абы. – Нэхъыжьхэми,#9:22 нэхъыжьхэр – еплъ Маттэ 16:21. дин пашэшхуэхэми,#9:22 дин пашэшхуэхэр – еплъ Маттэ 2:4. торэт егъэджакӀуэ пашэхэми#9:22 торэт егъэджакӀуэ пашэхэр – еплъ Маттэ 2:4. ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ ещанэ махуэм ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.
23– Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр махуэ къэс кърещти, си ужь къреувэ, – яжриӀащ Хьисэ а псоми. 24– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи псэр мыкӀуэду къезыгъэлыну хуей дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэ-дынущ, ауэ сэр щхьэкӀэ зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр мыкӀуэду къригъэлынущ. 25Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, е и псэм зэран хуэхъужмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхухэкӀынур сыт? 26Сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. Си Адэмрэ абы и мелыӀыч лъапӀэхэмрэ я щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ сытеукӀытыхьыжынущ абы. 27Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.
Хьисэ и теплъэм зэрызихъуэжар
(Маттэ 17:1-8; Марк 9:2-8)
28А псалъэхэр жиӀа нэужь, махуий дэкӀауэ, Петр, Иуан, Екъуб сымэ зыщӀигъури, Тхьэм елъэӀуну Хьисэ бгым дэкӀащ. 29Тхьэм зделъэӀум, Хьисэ и нэкӀум и теплъэм зихъуэжащ, и щыгъынхэри хужьыбзэу лыд хъуащ. 30Плъэмэ, цӀыхуитӀ щытт Хьисэ къепсалъэу. Ахэр Мусэ бегъымбарымрэ Иляс бегъымбарымрэт. 31Ахэр, нэху гъэщӀэгъуэнышхуэм къыхэлыдыкӀыу къэунэхуауэ, Хьисэ Ерусалим дунейм зэрыщехыжын хуейм тепсэлъыхьырт. 32Петррэ адрей и гъусэхэмрэ жеят, ауэ къэушыжа нэужь, Хьисэ нэху гъэщӀэгъуэнышхуэм хэту, адрей цӀыхуитӀыр къыбгъэдэту ялъэгъуащ. 33А цӀыхуитӀыр Хьисэ щыбгъэдэкӀыжым, Петр Хьисэ къыжриӀащ:
– Гъуазэ, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ. Шэтырищ щыдгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ.
Петр жиӀэр имыщӀэжу апхуэдэу къипсэлъащ.
34Петр ар щыжиӀэм, пшэ Ӏэрамэ къакӀуэри, абыхэм къащхьэщыхьащ. Пшэр къащыщхьэщыхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр шынащ. 35А пшэм зы макъ къыхэӀукӀащ:
– Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ.#9:35 Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ – еплъ Маттэ 3:17.
36А макъыр къэӀуа нэужь, Хьисэ и закъуэу къэнащ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ялъэгъуар а махуэхэм зыми хуамыӀуатэу ябзыщӀащ.
Жин бзаджэм иӀыгъ щӀалэ гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 17:14-18; Марк 9:14-27)
37ЕтӀуанэ махуэм, ахэр Ӏуащхьэм къыщехыжым, цӀыху гупышхуэ Хьисэ къыпежьащ. 38А цӀыху гупышхуэм лӀы гуэр къахэгуоукӀащ асыхьэтым:
– Дин егъэджакӀуэ, си къуэм укъысхуеплъыну сынолъэӀу, а къуэ закъуэрщ сиӀэр. 39ЩӀалэр жин бзаджэм зэщӀеубыдэри, асыхьэтым къыхегъэкӀиикӀ. ЩӀалэм и жьэм тхъурымбэр къыжьэдэхуу, ар жин бзаджэм къегъэкӀэзыз, гугъу дыдэ иримыгъэхьауэ хэкӀыжыркъым. 40Уи гъуэгу ирикӀуэхэм селъэӀуат ар хахуну, ауэ яхузэфӀэкӀакъым.
41– Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу, иджырей цӀыху къуаншэхэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын икӀи фысшэчын хуей? Къашэ мыдэ уи щӀалэр.
42ЩӀалэр къыщыхуашэм, жин бзаджэм щӀым зыхригъадзэри, ар къигъэкӀэзызащ. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жин бзаджэм егийщ, щӀалэр игъэхъужри, и адэм иритыжащ. 43ЦӀыху псоми Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэр хуабжьу ягъэщӀэгъуащ.
ЦӀыхухэм зэраӀэщӀыхьэнур Хьисэ етӀуанэу къызэрыжиӀар
(Маттэ 17:22-23; Марк 9:30-32)
ЦӀыху псоми Хьисэ илэжь псори ягъэщӀагъуэ щыхъум, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:
44– Мы псалъэхэр фигу ивгъэлъ: ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнущ.
45Ауэ а псалъэхэм къикӀыр къагурыӀуакъым. КъагурыӀуэн ялъэмыкӀыну абыхэм ящыбзыщӀат а псалъэр икӀи абыхэм теухуауэ Хьисэ еупщӀын шынэрт.
Нэхъ ин дыдэр хэт?
(Маттэ 18:1-5; Марк 9:33-37)
46Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зэныкъуэкъу щӀадзащ: «Дэ тщыщу хэт нэхъ ин дыдэр?» жаӀэурэ. 47Хьисэ абыхэм я гурылъыр къищӀэщ, сабий гуэр къищтэщ, ибгъукӀэ игъэуври яжриӀащ:
48– Мы сабийр сэ си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщу нэхъ цӀыкӀуращ нэхъ ин дыдэр.
Къыфпэмыувыр фи гъусэщ
(Марк 9:38-40)
49– Гъуазэ, лӀы гуэрым жин бзаджэхэр уэ уи цӀэкӀэ цӀыхухэм яхихуу тлъэгъуащ, – жиӀащ Иуан. – Ар дэ зэрытщымыщым щхьэкӀэ, дгъэувыӀэну дыхэтащ.
50– ФымыгъэувыӀэ ар, – къыжриӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыфпэмыувыр фи гъусэщ.
Самарие хэкум щыщ жылэ гуэрым дэсхэм Хьисэ ирагъэблэгъэн зэрамыдар
51Тхьэм Хьисэ уафэм щыдришеижыну махуэр къыщыблагъэм, Хьисэ Ерусалим кӀуэну мурад ищӀащ. 52ЛӀыкӀуэхэр игъэкӀуащ япэ щӀыкӀэ. Ахэр кӀуэри, Самарие хэкум#9:52 Самарие хэкур – Иудей хэкумрэ Галилей хэкумрэ я зэхуакум дэлъ хэкурщ. Журтхэмрэ Самарием исхэмрэ лъэпкъкӀэ, хабзэкӀэ, динкӀэ зэмыщхьу зэрыщытам щхьэкӀэ зэбийт. щыщу жылэ гуэрым дыхьащ, Хьисэ хэщӀапӀэ щыхуагъэхьэзырын щхьэкӀэ. 53Ауэ Хьисэ Ерусалим зэрыкӀуэм щхьэкӀэ, а жылэм дэс цӀыхухэм ар ирагъэблэгъэн ядакъым. 54Ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Екъубрэ Иуанрэ жаӀащ:
– Зиусхьэн, уафэм мафӀэ къехыу мы цӀыхухэр исыну жытӀэн?
55Абыхэм захуигъазэри, ар яхуимыдэу, Хьисэ яжриӀащ:
– Хьэуэ, ар хъунукъым; 56ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэр игъэкӀуэдыну аракъым, атӀэ мыкӀуэду къригъэлыну аращ.
НэгъуэщӀ жылэ гуэрым кӀуащ итӀанэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэным гугъуехьу хэлъыр
(Маттэ 8:19-22)
57Ахэр гъуэгум здытетым, Хьисэ зэгуэрым къыжриӀащ:
– Уэ дэнэ укӀуэми, уи ужь сиувэнущ.
58– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ.
59– Си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ нэгъуэщӀ гуэрым.
– Зиусхьэн, – жиӀащ адрейм, – сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ.
60– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, – жриӀащ абы Хьисэ, – ауэ уэ кӀуэи, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр егъэдаӀуэ.
61– Сэ уи ужь сиувэнущ, Зиусхьэн, – жиӀащ нэгъуэщӀ гуэрми, – ауэ си бынхэм я Ӏэр субыдыжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ.
62– ПхъэӀэщэкӀыр зубыдауэ щӀыбагъымкӀэ зэплъэкӀыжыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм хуэлэжьэну хуэфащэкъым, – жриӀащ Хьисэ абы.

Currently Selected:

Лука 9: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in