Маттэ 10
10
10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Апостол пщыкӀутӀыр
(Марк 3:13-19; Лука 6:12-16)
1Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахуну тепщэныгъэ яритащ абыхэм икӀи уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри ягъэхъужыну лъэкӀыныгъэ яритащ.
2А апостол#10:2 апостол – нэгъуэщӀ цӀыху гуэрым и цӀэкӀэ псэлъэну икӀи Ӏуэху ищӀэну хуитыныгъэ зиӀэрщ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым «апостолкӀэ» йоджэ. Ахэр Хьисэ и лӀыкӀуэу тепщэныгъэ зритахэрщ. пщыкӀутӀыр мыхэращ: Япэрауэ ПетркӀэ зэджэ Симоныр; абы и къуэш Индрис; Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ; 3Филипп, Варфоломей, Фомэ, хьэкътын ахъшэр хэзыхыу щыта Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей; 4Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар,#10:4 Симонэу зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар – ар Палестинэ къэралым хуэлажьэ цӀыху гуп гуэрым щыщагъэнкӀэ хъунщ. Римым фӀаубыдауэ яӀыгъ я къэралыр къыӀэщӀагъэкӀыжыну щӀэкъурт а гупыр. Иудэ Искариот; а Иудэращ Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.
Апостол пщыкӀутӀыр Тхьэм хуэлэжьэну Хьисэ зэрыригъэжьар
(Марк 6:7-13; Лука 9:1-6)
5А апостол пщыкӀутӀыр щригъажьэм, мыпхуэдэ унафэ яхуищӀащ Хьисэ:
– Хамэ лъэпкъхэм я деж фымыкӀуэ, Самарие хэкум#10:5 Самарие хэкур – Иудей хэкумрэ Галилей хэкумрэ я зэхуакум дэлъыр арщ. Журтхэмрэ Самарие дэсхэмрэ лъэпкъкӀэ, хабзэкӀэ, динкӀэ зэмыщхьу зэрыщытам щхьэкӀэ зэбийт. щыщ къалэ гуэри фыдэмыхьэ. 6Абы и пӀэкӀэ, израил цӀыхухэу мэл щхьэрыуахэм ещхьхэм я деж фыкӀуэ. 7ФыкӀуи, «Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр#10:7 Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ 3:2. къэблэгъащ», жыфӀи хъыбар евгъащӀэ. 8Сымаджэхэр вгъэхъуж, лӀахэри къэвгъэтэджыж, уэшын уз зэфыкӀхэми а узыр ящхьэщыфх, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхэфхуж. Абы фэ пщӀэ щӀэфтакъым, фэри пщӀэ къеӀывмых. 9Фи бгырыпххэм дэлъу, дыщи, дыжьыни, гъуаплъэ ахъши здэвмыщтэ. 10Гъуэгу фыщытехьэкӀэ, хъуржыни, джанэ тӀорыкӀуэгъуи, вакъи, баши здэвмыщтэ. ЛэжьакӀуэм и шхыныр игъуэтыпхъэщи.
11– Къалэ ирехъу, жылэ ирехъу, дэнэ фыдыхьэми, фэ фхуэфащэ гуэрым фыщӀэупщӀэ. А щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, апхуэдэ гуэрым деж фыщыӀэ. 12Унэ фыщыщӀыхьэкӀэ, «Тхьэм фэ, мы унэм щӀэсхэм, фигу ирезагъэ», жыфӀи, фӀэхъус ефх. 13Унэм щӀэсхэр а фӀэхъус псалъэм хуэфащэмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэ къаритынущ, ауэ хуэмыфащэу къыщӀэкӀмэ, гузэгъэгъуэм фи деж кърырегъэзэж. 14Унэ гуэрым щӀэсхэм е къалэ гуэрым дэсхэм ящыщ зыми фримыгъэблагъэмэ, е фи псалъэхэм къемыдаӀуэмэ, а унэм фыкъыщыщӀэкӀыжкӀэ, е а къалэм фыкъыщыдэкӀыжкӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэщэщыж. 15Пэжыр нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, къалэхэу Содомрэ Ӏаморэрэ#10:15 къалэхэу Содомрэ Ӏаморэрэ – ахэр Хы Псэншэм и Ӏуфэм Ӏутт. Абыхэм дэс цӀыхухэм я бзаджагъэм щхьэкӀэ Тхьэм а къалитӀыр мафӀэкӀэ игъэсыгъащ. Еплъ 1 Мусэ 19:24-28. гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.
Си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ цӀыхухэм гугъуехь фагъэшэчынущ
(Марк 13:9-13; Лука 21:12-17)
16– Мэуэ фыкъэдаӀуэ, дыгъужьхэм мэл хуэдэ фахызогъыхьэ. Аращи, блэхэм хуэдэу Ӏущу фыщыт, гъэпцӀагъэ зыхэмылъ тхьэрыкъуэхэм ещхьу фыщыт. 17ЦӀыхухэм фахуэсакъ, тхьэмадэ хасэхэм фрашэлӀэнущ икӀи я синэгуэгухэм щӀопщкӀэ къыщывэуэнущи. 18Сэ си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ Ӏэтащхьэхэмрэ пащтыхьхэмрэ я пащхьэм фрашэнущ. Абыхэми хамэ лъэпкъхэми я пащхьэм хъыбарыфӀым щыхьэт фыщытехъуну Ӏэмал вгъуэтынущ абы щыгъуэ. 19ХеящӀэм и пащхьэм фыщрашэкӀэ, «Сыт жытӀэну?» е «Дауэ жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ; жыфӀэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абдеж дыдэм фи гум къыщрилъхьэнущи. 20Къэпсэлъэнур фэракъым, атӀэ фи Адэ лъапӀэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъыращ.
21– ЩӀалэм и къуэшыр, адэм и быныр яригъэукӀын мурадкӀэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдынущ. Бынхэри я адэ-анэхэм япэувынущ икӀи тепщэныгъэ зиӀэхэм ирагъэукӀынущ. 22Си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ цӀыху псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ. Ауэ икӀэм нэсыху теубыдагъэ зиӀэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ. 23Зы къалэм гугъуехь щывагъэшэчмэ, нэгъуэщӀ къалэ фыкӀуэ. Пэжыр нывжызоӀэ, Израил къэралым и къалэхэр къэфкӀухьын фымыухыурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр#10:23 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ 8:20. къэкӀуэжынущи.
24– ЕджакӀуэр езыгъаджэм нэхърэ нэхъ инкъым, унэӀутри и тепщэм нэхърэ нэхъ инкъым. 25ЕджакӀуэр езыгъаджэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ, унэӀутри и тепщэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ. Унэр зейм ВелзевулкӀэ#10:25 Велзевул – жин бзаджэхэм я пашэ шейтӀаныр арщ. щеджэкӀэ, унагъуэм исхэми абы нэхъри нэхъ Ӏеиж хужаӀэнкъэ?
Фызыщышынэн хуейр
(Лука 12:4-7)
26– Аращи, абыхэм фащымышынэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыщӀэмыщыжыну щӀэхъумауэ зыри щыӀэкъым, цӀыхухэм къамыщӀэн гъэпщкӀуауэ зыри щыӀэкъым. 27КӀыфӀыгъэм щывжесӀэ псори махуэ нэхум щыфӀуэтэж. Фи тхьэкӀумэхэкӀэ къиӀущащэу зэхэфхар унащхьэхэм фытету цӀыхухэм яхуэфӀуатэ. 28Псэр зыукӀын зылъэмыкӀыу, Ӏэпкълъэпкъыр зыгъэкӀуэдхэм фащымышынэ, ауэ псэри Ӏэпкълъэпкъри жыхьэнмэм хэзыгъэкӀуэдэфынум фыщышынэ. 29Бзу цӀыкӀуитӀыр зы хъурыщэкӀэ ящэркъэ? Апхуэдэу щытми, фи Адэ лъапӀэр хуэмеймэ, абыхэм ящыщ зыри щӀым къытехъуэнукъым. 30Фи щхьэм тет щхьэц налъэ псори лъытащ. 31Аращи, фымышынэ. Фэ бзу цӀыкӀу куэдым нэхърэ фынэхъ лъапӀэщ.
Мэссихь и гъуэгу ирикӀуэхэм уазэрыщыщыр цӀыхухэм ебгъэщӀэныр
(Лука 12:8-9)
32– Си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр си Адэу уафэм щыӀэм и пащхьэм сэри щыжысӀэнущ. 33Си гъуэгу ирикӀуэхэм ящымыщу цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращымыщыр си Адэу уафэм щыӀэм и пащхьэм сэри щыжысӀэнущ.
ЩӀылъэм зэгурыӀуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ джатэ къыхуэсхьын папщӀэщ
(Лука 12:51-53; 14:26-27)
34– ЩӀылъэм зэгурыӀуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкӀэ, сыкъэ-кӀуауэ фи мыгугъэ. ЗэгурыӀуэныгъэр къэсхьын щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ джатэ къэсхьын папщӀэщ; 35сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъыщӀэкӀуар къуэр и адэм, пхъур и анэм, нысэр и гуащэм пэзгъэувыжын щхьэкӀэщ. 36И унагъуэм исхэращ цӀыхум и бийр.
37– Ар хэтуи щрет, сэ фӀыуэ сызэрилъагъум нэхърэ и адэр е и анэр нэхъыфӀу зылъагъур сэ къысхуэфащэкъым. Сэ сыкъы-зэрилъагъум нэхърэ и къуэр е и пхъур нэхъыфӀу зылъагъур, ар хэт щыщми, сэ къысхуэфащэкъым. 38Ар хэтуи щрет, и жорыр къищтэу си ужь къимыувэр сэ къысхуэфащэкъым. 39Ар хэтуи щрет, и псэр мыкӀуэду къызэрыригъэлыным и ужь итым и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ хэтми, сэр папщӀэкӀэ зи псэр зыфӀэкӀуэдым и псэр мыкӀуэду къригъэлынущ.
ӀыхьэфӀ бгъуэтыныр
(Марк 9:41)
40– Фэ фезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу икӀи сэ сезыгъэблагъэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу. 41Хэтми, бегъымбарыр зэрыбегъымбарым щхьэкӀэ езыгъэблагъэм бегъымбарым и ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ. Хэтми, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхур, абы и щыпкъагъэм щхьэкӀэ езыгъэблагъэм щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум и ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ. 42Хэтми, мы цӀыху цӀыкӀухэм ящыщу гуэр си гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зы псы щӀыӀэ фалъэ нэхъ мыхъуми езыгъафэм, пэжыр нывжызоӀэ, и ӀыхьэфӀыр фӀэкӀуэдынукъым.
Currently Selected:
Маттэ 10: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017