Маттэ 8
8
8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Марк 1:40-45; Лука 5:12-16)
1Ӏуащхьэм къыщехыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ куэд итт. 2Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ:
– Зи щӀыхь ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.
3И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри,#8:3 теӀэбэри – уэшын уз зыпкърыт цӀыхум утеӀэбэ хъунутэкъым. Хьисэ жиӀащ:
– Сыхуейщ, узыншэ ухъуж.
Уэшын уз щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ а сыхьэтым. 4ЛӀым Хьисэ жриӀащ:
– Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн щӀы итӀанэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.
Дзэ пашэм и унэӀутыр Хьисэ зэригъэхъужар
(Лука 7:1-10; Иуан 4:43-54)
5Хьисэ Капернаум къалэм#8:5 Капернаум къалэ – Галилей гуэлым и ищхъэрэ-къухьэпӀэ Ӏуфэм Ӏутщ. дыхьащ итӀанэ. Щыдыхьэм, дзэ пашэ гуэр къыбгъэдыхьэри къелъэӀуащ:
6– Уа зи щӀыхь ин, пкъыуэ хъуауэ, гугъуехьышхуэ телъу си унэӀутыр унэм щӀэлъщ.
7– Сэ сынэкӀуэнщи, згъэхъужынщ, – жриӀащ Хьисэ абы.
8– Зи щӀыхь ин, си унэм уэ уныщӀыхьэну схуэфащэкъым, – къыжриӀащ дзэ пашэм, – ауэ зы псалъэ закъуэ жыӀэ, унафэ щӀыи, си унэӀутыр хъужынщ. 9Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» си унэӀутми жесӀэмэ, ищӀэнущ.
10Ар щызэхихым, игъэщӀагъуэри, Хьисэ и ужь ит цӀыхухэм яжриӀащ:
– Пэжыр нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ зы цӀыху закъуи Израил къэралым изгъуэтакъым сэ. 11Ауэ сэ нывжызоӀэ, къуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи цӀыху куэд къикӀынурэ, Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я гъусэу Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и гухэхъуэ Ӏэнэм щхьэж и тӀысыпӀэ щиубыдынущ. 12Ауэ мы къэралым и цӀыхухэр кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.
13Хьисэ дзэ пашэм жриӀащ итӀанэ:
– КӀуэ, уэ уи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къыбдрехъу.
Дзэ пашэм и унэӀутыр хъужащ а сыхьэт дэдэм.
Хьисэ цӀыху куэд зэригъэхъужар
(Марк 1:29-34; Лука 4:38-41)
14Хьисэ Петр и унэм щыщӀыхьэм, абы и щыкъу анэр пӀэм плъыржьэру хэлъу ирихьэлӀащ. 15Хьисэ сымаджэм и Ӏэм еӀусэри, абы плъыржьэрыр щхьэщыкӀащ. Петр и щыкъу анэр къэтэджыжри, Хьисэ хьэщӀагъэ кърихащ.
16Пщыхьэщхьэ щыхъум, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэд Хьисэ деж къашащ. Жин бзаджэхэр цӀыхухэм зы псалъэкӀэ яхихуащ, Хьисэ сымаджэ псори игъэхъужащ. 17Апхуэдэу щӀэхъуар Ешайа бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр#8:17 Ешайа бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 53:4. пэж хъун щхьэкӀэщ:
«Дэ ди сымэджагъэхэр тщхьэщихри,
ди узхэр езым зытрилъхьащ».
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэным гугъуехьу хэлъыр
(Лука 9:57-62)
18ЦӀыху куэд къеувэкӀауэ щилъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:
– ФынакӀуэ, гуэлым дызэпрывгъэкӀ.
19Торэт егъэджакӀуэ пашэ#8:19 торэт егъэджакӀуэ пашэ – еплъ 2:4. гуэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжриӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, уэ дэнэ укӀуэми, уи ужь сиувэнущ.
20– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм#8:20 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – «ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм хуэдэу пшэхэм яхэту, зыгуэр къехащ» – Даниил бегъымбарым жиӀэгъа а псалъэхэр Хьисэ езым и щхьэ хужиӀэжащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу зи псэупӀэр уафэм щыӀэу, абы къехар Хьисэщ (Иуан 3:13). Гъуэщахэм лъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ (Лука 19:10). ЦӀыху куэдым я цӀэкӀэ щхьэщэхужу и псэр итын щхьэкӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ (Марк 10:45). ЛӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ (Маттэ 17:9). Езым и Адэм и щӀыхьышхуэр иӀэу, дунейм и цӀыхухэм хьэкум (суд) ятрищӀыхьын щхьэкӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къытехьэжынущ. (Маттэ 25:31). и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.
21И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ нэгъуэщӀ гуэрми Хьисэ къыжриӀащ:
– Зи щӀыхь ин, сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ.
22– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, ауэ уэ си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ.
Хьисэ борэнышхуэр зэригъэувыӀар
(Марк 4:35-41; Лука 8:22-25)
23Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьащ, и гъуэгу ирикӀуэхэри итӀысхьащ кхъуафэжьейм. 24НапӀэзыпӀэм гуэлым борэнышхуэ къыщыхъейри, толъкъунхэр кхъуафэжьейм къиуэу щӀидзащ. Ауэ Хьисэ жейрт. 25Апхуэдэу щыхъум, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, жраӀащ:
– Зиусхьэн, докӀуэд, дыкъегъэл.
26– Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.
27– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – жаӀащ цӀыхухэм, ягъэщӀагъуэу.
Жин бзаджэм иӀыгъ цӀыхуитӀ Хьисэ зэригъэхъужар
(Марк 5:1-20; Лука 8:26-39)
28Гуэлым и адрыщӀым ит хэкуу Гергесэ къалэр зэрытым щынэсым, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыхуитӀ кхъэлэгъунэхэмкӀэ къикӀри, Хьисэ къыпежьащ. АбыкӀэ зыри бламыгъэкӀыу, цӀыху Ӏэлт ахэр.
29– Тхьэм и Къуэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ПӀалъэр къэмыс щӀыкӀэ, гугъу дебгъэхьыну укъэкӀуа? – жаӀэурэ къэгуоуащ ахэр.
30Абыхэм япэжыжьэу, кхъуэ хъушэшхуэ щыхъуакӀуэрт. 31Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ:
– Мы цӀыхухэм дащыхэпхукӀэ, мо кхъуэ хъушэшхуэм дыгъакӀуи, кхъуэхэм япкъхэм дахэгъэхьэ.
32– ФыкӀуэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Ар щыжиӀэм, жин бзаджэхэр лӀыхэм яхэкӀыжри, кхъуэхэм япкъхэм хыхьащ. Кхъуэхэм япкъхэм щыхыхьэм, кхъуэ хъушэшхуэр зэрыщыту Ӏуащхьэ нэпкъым къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ. 33Ауэ кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжщ, къалэм дэлъэдэжри, къэхъуа псори жин бзаджэм иӀыгъ лӀитӀым къащыщӀари яӀуэтэжащ. 34Арати, къалэм дэс псори Хьисэ къыпежьащ. Хьисэ щалъагъум, я хэкур ибгынэну къелъэӀуащ ахэр.
Currently Selected:
Маттэ 8: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: