YouVersion Logo
Search Icon

Марк 15

15
15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэ Хьисэ зэрырашар
(Маттэ 27:1-2, 11-14; Лука 23:1-5; Иуан 18:28-38)
1Нэху зэрыщу, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ адрей тхьэмадэхэри хэту, дин пашэшхуэхэм хасэ ящӀащ. Хьисэ япхщ, яшэри, Пилат#15:1 Пилат – еплъ Маттэ 27:2. ӀэщӀалъхьащ.
2– Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ.
– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ,#15:2 «Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ», е «Уэ уи щхьэкӀэ жыбоӀэ». – жиӀащ Хьисэ.
3Дин пашэшхуэхэм Хьисэ ӀэджэкӀэ ягъэкъуаншэрт. 4Пилат аргуэру еупщӀащ Хьисэ:
– Сыт зыри щӀыжумыӀэр? Къыптралъхьэр зыхуэдизыр плъагъуркъэ?
5Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. Зыри зэрыжимыӀар Пилат игъэщӀэгъуащ.
Хьисэ укӀ зэрытралъхьар
(Маттэ 27:15-26; Лука 23:13-25; Иуан 18:39–19:16)
6Лъэхъуэщым щӀэс гуэр ӀутӀыж махуэшхуэ къэс цӀыхухэм я лъэӀукӀэ щхьэхуиту яхуиутӀыпщыжыныр Пилат и хабзэт. 7А махуэхэм лъэхъуэщым щӀэст Вараввэ зи цӀэ лӀы гуэр, абы щӀыгъут зэрыхьзэриишхуэм цӀыху щызыукӀа и дэрэгъухэр. 8ЦӀыхубэр кӀийуэ, Пилат елъэӀуу щӀадзащ зэрихабзэм хуэдэу къахуищӀэну.
9Журтхэм я пащтыхьыр щхьэхуиту къыфхуэзутӀыпщыжыну фыхуей? – еупщӀащ абыхэм Пилат. 10Пилат апхуэдэу щӀеупщӀар дин пашэшхуэхэм Хьисэ ефыгъуэу абы къызэрыӀэщӀалъхьар ищӀэрти, аращ. 11Пилат Вараввэ кърагъэутӀыпщыжын щхьэкӀэ, дин пашэшхуэхэм цӀыхухэр къызэщӀагъэплъащ.
12– АтӀэ, журтхэм я пащтыхь жыхуэфӀэм сыт есщӀэнур? – аргуэру еупщӀащ Пилат цӀыхухэм.
13– Жорым еӀулӀ! – къэгуоуащ ахэр.
14– Абы сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? – еупщӀащ Пилат абыхэм.
Ауэ ахэр нэхъ ину къызэрыгъэгуоуащ:
– Жорым еӀулӀ!
15Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэм я гуапэ ищӀыну хуейти, Вараввэ къахуиутӀыпщыжащ Пилат, зауэлӀхэр Хьисэ щӀопщкӀэ иригъауэри, жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ.
ЗауэлӀхэр Хьисэ зэрыщыдыхьэшхар
(Маттэ 27:27-31; Иуан 19:2-3)
16ЗауэлӀхэм Хьисэ преториекӀэ#15:16 преторие – еплъ Маттэ 27:27. зэджэ унэшхуэм щӀашащ, адрей зауэлӀ гупышхуэри абы щызэхуашэсащ. 17Абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхь щатӀагъэщ, пыжь банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж хуащӀри, Хьисэ щхьэратӀэгъащ. 18Щхьэщэ хуащӀу щӀадзэри, жаӀащ: «Упсэу, журтхэм я пащтыхь!» 19И щхьэм башкӀэ еуэу, еубжьытхыу, ягъэлъапӀэ хуэдэу защӀурэ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэу щӀадзащ.
20ЩыдыхьэшхынкӀэ ирикъуа нэужь, абэ плъыжь-фӀыцӀафэр Хьисэ къыщахыжри, езым и щыгъынхэр щатӀэгъэжащ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ преторием къыщӀашыжащ итӀанэ.
Хьисэ жорым зэрыраӀулӀар
(Маттэ 27:32-44; Лука 23:26-43; Иуан 19:17-27)
21Кириние къалэм щыщу, Симон и цӀэу лӀы гуэр щыӀащ. Ар Александррэ Руфрэ я адэт. Ар губгъуэм къикӀыжу блэкӀ пэтрэ, хуэзэхэри, Хьисэ и жорыр ихьыну хагъэзыхьащ. 22Голгофэ жыхуаӀэ щӀыпӀэм яшащ Хьисэ. (Голгофэм къикӀыр «Щхьэ Къупщхьэ ЩӀыпӀэ» жиӀэу аращ.) 23Абы щынэсым, муркӀэ зэджэ мыстхъу#15:23 мыстхъу – «канифоль». зыхэлъ санэ Хьисэ хуашиящ, ауэ яӀихакъым. 24Хьисэ жорым ираӀулӀащ итӀанэ. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зэхуагуэшыжащ зауэлӀхэм, щхьэж къылъысыр и Ӏыхьэу.
25Хьисэ жорым щраӀулӀар пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум дежт. 26Хьисэ жорым щӀраӀулӀар пхъэбгъу кӀапэ гуэрым мыпхуэдэу тратхащ: «Журтхэм я пащтыхь». 27ХъунщӀакӀуитӀ, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм щраӀулӀащ абдеж. 28Арати, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр#15:28 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 53:12. пэж хъуащ: «Хабзэм текӀахэм халъытащ». 29БлэкӀхэр Хьисэ хуэшхыдэрт, я щхьэхэр ягъэсысурэ жаӀэрт:
– Уэра Тхьэм и унэшхуэр зэхэзыкъутэу, махуищкӀэ зэтезыгъэувэжынур! 30УмыкӀуэду зыкъегъэлыжи, жорым къыфӀэкӀыж уэ!
31Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дыхьэшхыурэ жаӀащ:
– НэгъуэщӀхэр мыкӀуэду къригъэлащ, ауэ езым зыкъригъэлыжыфыркъым. 32Мэссихьу Израилым и пащтыхьыр жорым къыфӀрекӀыж. Ар тлъагъумэ, фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъунущ.
И гъусэу жорхэм ираӀулӀахэри къебгырт Хьисэ.
Хьисэ зэрылӀар
(Маттэ 27:45-56; Лука 23:44-49; Иуан 19:28-30)
33Шэджагъуэм#15:33 шэджагъуэм – еплъ Маттэ 27:45. къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым#15:33 сыхьэтыр щым – еплъ Маттэ 27:45. нэсыху, а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ. 34Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ:
– Элой, элой, лама савахфани?#15:34 Элой, элой, лама савахфани – еплъ Маттэ 27:46. (Абы къикӀыр, «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»)
35Ар щызэхахым, абдеж щытхэм жаӀащ:
– ФедаӀуэт, Иляс бегъымбарым йоджэ ар.
36Зыгуэр Ӏулъадэщ, щӀыфэр зэраӀуэт хъыданым серчэ быдэу зыщӀригъэфщ, баш гуэрым пилъхьэри, Хьисэ хуишиящ щӀигъэфыну. ИтӀанэ жиӀащ:
– Иляс бегъымбарыр къакӀуэу къыфӀихыжмэ, девгъэплъ.
37Макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэри, Хьисэ и псэр итащ.
38Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр и щхьэм къы-щыщӀэдзауэ и лъабжьэм нэс тӀууэ къызэгуэтхъащ абы ирихьэлӀэу.
39ЗауэлӀхэм я пашэу Хьисэ къыхуэзанщӀэу щытым, Хьисэ и лӀэкӀэ хъуар щилъагъум, жиӀащ:
– ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр Тхьэм и Къуэу щытащ.
40Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубзхэри щытт. Абыхэм яхэтт мыхэр: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Мэрием зи цӀэ нэгъуэщӀ зыи. Ар Екъуб нэхъыщӀэмрэ абы и къуэш Иосийрэ я анэт. 41Хьисэ Галилей хэкум щыщыӀэм, ахэр и гъусат, дэӀэпыкъуэгъуи къыхуэхъуат. Абыхэм нэмыщӀуи, Хьисэ и гъусэу Ерусалим къэкӀуауэ, цӀыхубз Ӏэджи щызэхэтт.
Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщӀалъхьар
(Маттэ 27:57-61; Лука 23:50-56; Иуан 19:38-42)
42Щэбэтым и пэ къихуэ мэрем махуэт. Пщыхьэщхьэпэ хъуати, 43Аримафей жылэм щыщ Исуф къэкӀуащ. А Исуфыр Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщу, щӀыхь зыхуэфащэ тхьэмадэу щытащ. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыным пэплъэрт ар. Тегушхуэщ, Пилат деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ абы. 44Хьисэ зэрылӀар Пилат игъэщӀэгъуащ. ЗауэлӀхэм я пашэр къриджэри, «Хьисэ зэрылӀэрэ куэд щӀа?» жиӀэри еупщӀащ. 45ЗауэлӀхэм я пашэм Хьисэ зэрылӀар Пилат щыжриӀэм, Хьисэ и хьэдэр ихьыжыну Исуф хуит ищӀащ Пилат. 46Исуф чэсей хужь джэбын къищэхущ, хьэдэр жорым къыкӀэрихщ, чэсей джэбыныр иришэкӀри, къыр мывэм къыхащӀыкӀа кхъэлэгъунэм щӀилъхьащ. Кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм мывэшхуэ ӀуигъэукӀуриежащ. 47Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ Иосий и анэ Мэриемрэ Исуф хьэдэр зыщӀилъхьар ялъэгъуащ.

Currently Selected:

Марк 15: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in