Марк 16:17-18
Марк 16:17-18 KBDNTGP2017
Мы нэщэнэхэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ядэфлъагъунущ: Сэ си цӀэкӀэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр къыхахунущ; ямыщӀэ бзэхэмкӀи псэлъэнущ; я ӀэхэмкӀи блэхэр къаубыдынущ; ажал къызыхэкӀын гуэр ефэкӀи, зыри къащыщӀынукъым; абыхэм я Ӏэхэр зытралъхьэ сымаджэхэр хъужынущ.