Гъэсэпэтхыдэхэр 14
14
ЕПЩЫКӀУПЛӀАНЭ ӀЫХЬЭ
1Зыхуей хуегъазэ цӀыхубз Ӏущым и унагъуэ,
зи унагъуэбжэр и ӀэкӀэ зэхуэзыщӀыжыр
бзылъхугъэ акъылыншэрщ.
2Гъуэгу захуэм ирикӀуэрщ фӀэлӀыкӀыр Тхьэуэ
Зиусхьэным,
зи гъуэгупэ нашэкъашэрщ Абы нэмыплъ
езытыр.
3Къытехуэжынщ щӀопщ уэгъуэу акъылыншэм и
псалъэр#14:3 Журт. «Акъылыншэм и псалъэр пагагъэм и щӀопщщ». Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ.,
цӀыху Ӏущхэр къэзыхъумэнури я жыӀэщ.
4Вы зэрымыт Ӏуэм и Ӏэшхылъэри нэщӀщ#14:4 Е «и Ӏэшхылъэри къабзэщ».,
ауэ гъавэ бэв щыгугъыр щысхьынкъым вым
и Ӏусым.
5Щыхьэт захуэм пцӀы ӀэщӀэкӀынкъым,
зэӀылъщ пцӀы зэфэзэщу щыхьэт нэпцӀыр.
6ЩӀэнэкӀалэр Ӏущыгъэм сыт хуэдизрэ
мылъыхъуами, игъуэтынкъым,
акъыл зиӀэм щӀэныгъэр псынщӀэу епхъуатэ.
7Зыщыдзей акъылыншэм;
щыбгъуэтынкъым абы и деж игъащӀэкӀэ
Ӏущыгъэ гуэри.
8ЕщӀэ цӀыху губзыгъэм и гъуэгупэр дэнэ нэсми,
акъылыншэрщ зи щхьэ къэзыгъэпцӀэжыр.
9Тобэ къэзыхьыжам и тыхьыр акъыл зимыӀэм и
ауанщ,
цӀыху захуэм Тхьэм и нэфӀыр къыщыхуащ#14:9 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
10ЙохъыкӀыр цӀыхум и гущӀэлъапсэм гуфӀэгъуи,
гуауи;
абыхэмкӀэ дэгуэшэфынкъым нэсу ар
нэгъуэщӀым.
11ЩӀапӀэщӀэкӀуадэ хъунущ бзаджащӀэм и
унагъуэр,
щыужьыхыжынкъым цӀыху захуэм и жьэгу
пащхьэ мафӀэр.
12ЩыӀэщ гъуэгу, къыщыхъуу цӀыхум захуэу, –
ауэ ажалыр и кӀэм къыщыпэплъэу.
13ЩыгуфӀэм дежи хэтынкӀэ хъунущ цӀыхупсэр
зэхэзещхъуэн,
гуфӀэ-гупсэми нэщхъеягъуэкӀэ
зыщызрихъуэкӀи къохъур.
14Щхьэрыуам игъуэтыжынщ хуэфащэ,
цӀыхуфӀри илэжьахэм хуэзэжынщ.
15ГъэпцӀэгъуафӀэм сытри и фӀэщ мэхъу,
губзыгъэм лъэбакъуэу ичым и нэӀэ
тригъэкӀкъым.
16Ӏущыр сакъщ, еми зыщедзей,
акъыл зимыӀэр зыщогугъыж, гъэӀэсэгъуейщ.
17Губжьыхыр акъылыншагъэм хуэлъэщ,
гухэлъ бзаджэ зезыхьэри ялъагъу хъуркъым.
18ЦӀыху жыӀэзыфӀэщхэм Ӏыхьэу къалъысыр
акъылыншагъэщ,
губзыгъэм и фащэр – щӀэныгъэщ.
19Къэхъунщ бзаджащӀэм щхьэщэ щыхуищӀын
цӀыхуфӀым,
мыхъумыщӀэми зыщридзыхынщ захуащӀэхэм
я пащхьэ.
20ТхьэмыщкӀэри гъунэгъурэ пэт я жагъуэщ,
щопэкӀу хуэщӀам и унэ ныбжьэгъубэр.
21Нэмыплъ езытым и гъунэгъу – елэжьыр
гуэныхьышхуэ,
тхьэмыщкӀэм зи гулъытэ хуэзыгъазэр –
теуващ гъуэгу махуэ.
22ТегъуэщыкӀакъэ-тӀэ гъуэгу захуэм гухэлъ
бзаджэр зыхъэхэр?
ФӀылъагъуныгъэрэ пэжыгъэщ къыпагъаплъэр
гухэлъ дахэр зэӀузыщэм.
23Дэтхэнэ зы лэжьыгъэ хьэлъэми хэхъуэ пылъщ,
псалъэ купщӀэншэм къишэр
тхьэмыщкӀагъэщ.
24ЦӀыху Ӏущым беигъэу бгъэдэлъыр и
фӀыщӀэтынщ,
акъылыншэм и Ӏыхьэр акъылыншагъэщ#14:24 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
25Щыхьэт пэжым псэзэпылъхьэпӀэм укъреш,
щыхьэт нэпцӀыр уищэнкӀэ тӀэу
еплъынкъым.
26БыдапӀэм дэсым хуэдэщ Тхьэуэ Зиусхьэным
фӀэлӀыкӀхэр,
щӀэблэу къащӀэхъуэми яхуэхъунщ Ар
щхьэегъэзыпӀэ.
27Тхьэуэ Зиусхьэным уфӀэлӀыкӀыныр –
псэхэлъхьэж псынэм хуэдэщ;
ажалым и хъыми ухуещӀ пэӀэщӀэ.
28 Ӏумэтыр зи бэ пащтыхьым и щытхъури инщ, –
щхьэщытщ щыхупӀэ ар къызэмэщӀэкӀыр.
29ШыӀэ зыхэлъым акъылышхуэ къуэлъщ,
губжьыр зи щэным акъылыншагъэщ
игъэлъагъуэр.
30Гу зэпӀэзэрытыр Ӏэпкълъэпкъым и
хущхъуэгъуэщ,
фыгъуэр зи щэным щӀэх и къупщхьэр мэщ.
31Дэхуэхар тегушхуэгъуафӀэ зыщӀым егъэикӀэ
Тхьэуэ ар къэзыгъэщӀар,
тхьэмыщкӀэм зи гулъытэ хуэзыгъазэм
Тхьэуэ Зиусхьэныр егъэлъапӀэ.
32БзаджащӀэхэр щӀэпхъаджэу ящӀэм токӀуэдэж,
лӀэныгъэм и дыджыр щыхъукъым цӀыху
захуащӀэм ткӀыбжь#14:32 Е «захуащӀэхэм я захуагъэр яхуэхъунщ щхьэегъэзыпӀэ»..
33Губзыгъэм и гущӀэлъапсэр Ӏущыгъэм и
унапӀэщ:
цӀыху акъылыншэхэм я гущӀэми
къыщыпӀэжьажьэ щыӀэщ ар.
34Захуагъэм егъэин цӀыхубэр,
гуэныхьу ялэжьми напэтехщ къахуихьыр.
35БлыгущӀэт губзыгъэм нэфӀкӀэ йоплъ
пащтыхьыр,
хэт трихыу щытми пащтыхь напэр –
и губжьри лъэӀэсынщ.
Currently Selected:
Гъэсэпэтхыдэхэр 14: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy
![None](/_next/image?url=https%3A%2F%2Fimageproxy.youversionapistaging.com%2F58%2Fhttps%3A%2F%2Fweb-assets.youversion.com%2Fapp-icons%2Fen.png&w=128&q=75)
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

: