Маттэ 1:18-19

Маттэ 1:18-19 KBDNTGP2017

Хьисэ Мэссихь къызэралъхуар мыпхуэдэущ: Исуф Хьисэ и анэ Мэрием къишэну къыхихат, ауэ ахэр зэрымышэ щӀыкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и ӀэмыркӀэ Мэрием уэндэгъуу къыщӀэкӀащ. Мэрием илӀ Исуф щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхути, Мэрием и напэр цӀыхухэм я пащхьэм щытримыхын щхьэкӀэ, ар щэхуу иригъэкӀыжын мурад ищӀащ.