Лука 18
18
18-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Фызабэмрэ щыпкъагъэ зигу имылъ хеящӀэмрэ ятеухуа ущие хъыбарыр
1Ягу ямыгъэкӀуэду зэпымыууэ Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зы ущие хъыбар яхуиӀуэтащ. 2Мыращ яхуиӀуэтар:
– Тхьэми щымышынэу, цӀыхухэми ящымыукӀытэу, къалэ гуэрым зы хеящӀэ#18:2 хеящӀэ – еплъ 12:58. гуэрым дэст. 3А къалэ дыдэм зы фызаби щыпсэурт. «Си дауэгъум схуэфащэр къызегъэт», жриӀэурэ, хеящӀэм деж къакӀуэ зэпытт ар.
4– Ауэ фызабэр зыщӀэлъэӀур хуимыщӀэурэ, зэманыфӀ екӀуэкӀащ. ИтӀанэ игукӀэ жиӀащ: «Сэ Тхьэм сыщымышынэми, цӀыхухэм сащымыукӀытэми, 5мы фызабэм си щхьэр игъэуз зэпыту щымытын щхьэкӀэ, хуэфащэр езгъэгъуэтынщ. Апхуэдэу сымыщӀмэ, къысхуэжэ зэпытурэ сигъэтыншынукъым».
6Зиусхьэным жиӀащ итӀанэ:
– Щыпкъагъэ зигу имылъ хеящӀэм жиӀэм федаӀуэт. 7Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну? 8Сэ нывжызоӀэ, яхуэфащэр псынщӀэу ялъигъэсынущ. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ щигъуэтыну?
Фарисеймрэ хьэкътын ахъшэр хэзыхымрэ ятеухуа ущие хъыбарыр
9Езыхэм ягу щыпкъагъэ илъу залъытэжу, ауэ нэгъуэщӀхэр зэзымыпэс цӀыху гупым мы ущие хъыбарыр яхуиӀуэтащ Хьисэ:
10– Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Тхьэм и унэшхуэм цӀыхуитӀ кӀуащ, зыр фарисейт, адрейр хьэкътын ахъшэр хэзыххэм* ящыщт. 11Фарисейр абдежым здэщытым, Тхьэм мыпхуэдэу елъэӀурт игукӀэ: «Адрей цӀыху хъунщӀакӀуэхэми, бзаджащӀэхэми, зинэ зыщӀэхэми, мобдеж щыт хьэкътын ахъшэр хэзыхми яхуэдэу сызэрыщымытым щхьэкӀэ, фӀыщӀэ пхузощӀ, си Тхьэ. 12Сэ тхьэмахуэ къэс махуитӀ сонэщӀ,#18:12 сонэщӀ – фарисейхэр, езыхэм яфӀэфӀу, тхьэмахуэ къэс махуитӀ нэщӀырт. къысхэхъуэм и пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ сот».
13– Ауэ хьэкътын ахъшэр хэзыхыр жыжьэу увауэ, и нэхэмкӀэ уафэм дэплъеин къудей темыгушхуэу, и бгъэгум еуэу, Тхьэм елъэӀурт: «Си Тхьэ, сэ, цӀыху гуэныхьыщӀэм, гущӀэгъу къысхуэщӀ».
14– Сэ нывжызоӀэ, япэ лӀым хуэмыдэу, мы лӀыр Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ игу илъу унэм кӀуэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущ.
Хьисэрэ сабийхэмрэ
(Маттэ 19:13-15; Марк 10:13-16)
15ЦӀыхухэм сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, трагъэӀэбэну. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щалъагъум, цӀыхухэм ядакъым. 16Ауэ Хьисэ сабийхэр къриджэри, жиӀащ:
– Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, апхуэдэхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи. 17Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сабийм къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэр а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.
Пашэ бейр
(Маттэ 19:16-30; Марк 10:17-31)
18Хьисэ пашэ гуэр къеупщӀащ:
– Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?
19– ФӀыкӀэ сыт укъыщӀызэджэр? – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – Тхьэм фӀэкӀа, фӀы зыри щыӀэкъым. 20Тхьэм и унафэхэр#18:20 Тхьэм и унафэхэр – еплъ 2 Мусэ 20:12-16. уощӀэ: «Зинэ умыщӀэ, цӀыху умыукӀ, умыдыгъуэ, цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ».
21– Си щӀалэгъуэм къыщыщӀэдзауэ согъэзащӀэ а псори, – жиӀащ адрейм.
22Ар щызэхихым, Хьисэ абы жриӀащ:
– Иджыри зы уи щыщӀагъэщ. УиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.
23Ар щызэхихым, адрейм игу щӀыхьащ, мылъкушхуэ иӀэти. 24Игу зэрыщӀыхьар щилъагъум, Хьисэ жиӀащ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ. 25Бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ, махъшэкӀэ мастэнэм икӀыныр нэхъ тыншщ.
26Ар зэхэзыха цӀыхухэм жаӀащ:
– Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыкӀуэду зыкъригъэлын зыхузэфӀэкӀынур хэт?
27– ЦӀыхухэм яхузэфӀэмыкӀыр Тхьэм хузэфӀокӀ, – жиӀащ Хьисэ.
28– Мис, дэ диӀа псори къэдгъанэри, уэ уи ужь дыкъиуващ, – жиӀащ Петр.
29– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хэту щытми, е и унэ, е и адэ-анэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и фызыр, е и бынхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щхьэкӀэ къибгынамэ, 30иӀам нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэ мы дунейм щызымыгъуэтыжын цӀыху зыри щыӀэкъым, икӀи апхуэдэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ щиӀэ хъунущ ахърэтым.
ЗэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ ещанэу къызэрыжиӀар
(Маттэ 20:17-19; Марк 10:32-34)
31Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, яжриӀащ:
– Мис, ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм теухуауэ бегъымбархэм ятха псори абы къыщыщӀынурэ, пэж хъунущ. 32Абы къикӀыр езыр хамэ лъэпкъхэм#18:32 хамэ лъэпкъхэр – тепщэныгъэ зиӀэ рим цӀыхухэр арщ. зэраӀэщӀыхьэнурщ. Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къыхущӀэджэнущ икӀи къеубжьытхынущ. ИтӀанэ щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ, 33ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ар.
34АрщхьэкӀэ Хьисэ яжриӀа псалъэхэм щыщу зыри къагурыӀуакъым и гъуэгу ирикӀуэхэм. А псалъэхэм къарыкӀыр ящыбзыщӀауэ щытащ, Хьисэ абыхэм къригъэкӀари зэхащӀыкӀакъым.
ЛъэӀуакӀуэ нэф гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 20:29-34; Марк 10:46-52)
35Хьисэ Ерихон къалэм#18:35 Ерихон къалэр – еплъ Маттэ 20:29 здэкӀуэм, къалэм и гъунэгъу хъуауэ, лӀы нэф гуэр факъырэӀус щӀэлъэӀуу гъуэгу напцӀэм тест. 36ЦӀыху гупышхуэ блэкӀыу щызэхихым, нэфыр щӀэупщӀащ:
– Сыт мыр?
37– Назарет щыщ Хьисэ мыбыкӀэ блокӀ, – къыжраӀащ цӀыхухэм.
38Ар къыщыжраӀэм, нэфыр макъышхуэкӀэ къэджащ:
– Даут и Къуэ#18:38 Даут и Къуэр – еплъ Маттэ 9:27. Хьисэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!
39Япэ ит цӀыхухэм ямыдэу, «Щыгъэт», къыжраӀащ, арщхьэкӀэ нэфыр нэхъ макъ лъагэжкӀэ къэджащ аргуэру:
– Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!
40Хьисэ къэувыӀэри, нэфыр къыбгъэдашэну яжриӀащ. Нэфыр къыщыбгъэдыхьэм, еупщӀащ:
41– Сыт пхуэсщӀэну узыхуейр?
– Зиусхьэн, си нитӀыр къысхуэгъэплъэж, – жиӀащ нэфым.
42– Уи нэхэр къэплъэжынущ, – жриӀащ Хьисэ абы. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.
43Нэфым и нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым, Тхьэм щӀыхь хуищӀу, Хьисэ и ужь иуващ ар. Ар щалъагъум, цӀыху псоми Тхьэм щытхъу хуаӀэтащ.
Tällä hetkellä valittuna:
Лука 18: KbdNTGP2017
Korostus
Jaa
Kopioi
Haluatko, että korostuksesi tallennetaan kaikille laitteillesi? Rekisteröidy tai kirjaudu sisään
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: