Лука 22

22
22-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм Хьисэ гъэпцӀагъэкӀэ яукӀыну мурад зэращӀар
(Маттэ 26:1-5, 14-16; Марк 14:1-2, 10-11; Иуан 11:45-53)
1ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх ӀутӀыжкӀэ зэджэ махуэшхуэхэр#22:1 ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх ӀутӀыжкӀэ зэджэ махуэшхуэхэр – еплъ Маттэ 26:2. къэблэгъащ. 2Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ, цӀыхухэм щабзыщӀурэ, Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр цӀыхухэм ящышынэрт. 3Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу ИскариоткӀэ зэджэ Иудэм и гур шейтӀаным иубыдащ. 4Иудэ дин пашэшхуэхэмрэ Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэмрэ я деж кӀуэри, Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэмкӀэ епсэлъащ. 5Ахэр гуфӀащ, ахъши къратыну къагъэгугъащ. 6Арати, Иудэ абыхэм я мурадыр ядищтэри, цӀыху гупышхуэм ямыщӀэу Хьисэ яригъэубыдын щхьэкӀэ, игъуэ щыхъунум пэплъэу щӀидзащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр зэрагъэхьэзырар
(Маттэ 26:17-25; Марк 14:12-21; Иуан 13:21-30)
7ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэм ящыщу ӀутӀыж щынэр щыфӀагъэжын хуей махуэр къэсащ. 8Арати, Хьисэ Петррэ Иуанрэ я пщэ ирилъхьащ, мыпхуэдэу яжриӀэри:
– ФыкӀуи, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр тшхын щхьэкӀэ, вгъэхьэзыр.
9Дэнэ щыдгъэхьэзырыну ухуей? – къеупщӀащ ахэр.
10– ФыкъэдаӀуэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Къалэм фызэрыдыхьэу, лӀы гуэр, псы кхъуэщын ихьу, къыфхуэзэнущ. А лӀым и ужь фиту, ар зыщӀыхьэ унэм фэри фыщӀыхьэ. 11Унэр зейм жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм къыбжеӀэ: Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щытшхыну пэшыр дэнэ щыӀэ?» 12ГъэщӀэрэщӀауэ пэшышхуэ лъагэ гуэр фигъэлъагъунущ абы щыгъуэ. Абдежым псори щывгъэхьэзыр.
13Ахэр кӀуэщ, Хьисэ зэражриӀам хуэдэу псори ирахьэлӀэри, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр ягъэхьэзыращ.
Зиусхьэным и пщыхьэщхьэшхэр
(Маттэ 26:26-30; Марк 14:22-26; 1 Кор. 11:23-25)
14ПӀалъэр къыщысым, апостол пщыкӀутӀыр и гъусэу, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.
15– Гугъуехь сшэчынум и пэ къихуэу мы ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр фи гъусэу сшхыну гукъыдэжышхуэ сиӀащ, – яжриӀащ абыхэм. 16– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсу, ӀутӀыж махуэшхуэм къикӀыр зэщӀэхукӀэ, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ сэ сшхыжынукъым.
17Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, Хьисэ жиӀащ:
– Мыр къафщти, мыбы итым щыщ фыкъыздефэ; 18сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыхукӀэ, санэ сефэжынукъым.
19Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ итӀанэ:
– Мы щӀакхъуэр, фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэ, стыну си пкъыращ. Фи гум сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мыр фшхы.
20Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, фалъэр къищтэри, Хьисэ жиӀащ:
– Мы фалъэм санэу итым къикӀыр зэгурыӀуэныгъэщӀэу Тхьэм езымрэ фэрэ фяку къыдилъхьэр аращ. ФӀы къыфхуэдэкӀуэн щхьэкӀэ а зэгурыӀуэныгъэщӀэр зыгъэщыпкъэр, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ.#22:20 А зэгурыӀуэныгъэщӀэр зыгъэщыпкъэр сэ къысщӀэкӀыну лъыращ – еплъ Маттэ 26:28. 21Ауэ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур си гъусэу мы Ӏэнэм бгъэдэсщ. 22ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр,#22:22 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ Маттэ 8:20. Тхьэм зэриухам тету, дунейм ехыжынущ. Ар тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ.
23Хьисэ ар щыжиӀэм, и гъуэгу ирикӀуэхэм зэупщӀыжу щӀадзащ:
– Дэ тщыщу хэт ар зыщӀэну зи гум илъыр?
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэу ялъытэн хуеймкӀэ зэрызэдэуахэр
24Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэу ялъытэн хуеймкӀэ зэдауэу щӀадзащ.
25– Дунейм тет пащтыхьхэр цӀыхухэм я пщэм дэсщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Тепщэныгъэ зиӀэхэм цӀыхухэр фӀы зыщӀэкӀэ зрагъаджэ. 26Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фи зэхуаку дэлъын хуейр, атӀэ нэхъ ин дыдэу фхэтыр нэхъ цӀыкӀум хуэдэ ирехъу, тхьэмадэри щхьэгъэрытым хуэдэ ирехъу. 27Хэт нэхъ иныр: Ӏэнэм бгъэдэсыра, хьэмэрэ щхьэгъэрытыра? Ӏэнэм бгъэдэсыракъэ? Ауэ сэ щхьэгъэрытым хуэдэу сыфхэтщ. 28Гугъуехь сшэчу щыщытам си гъусар фэращ. 29Сэ тепщэныгъэ сиӀэну си Адэм къызэрызитам хуэдэу, фэри тепщэныгъэ фиӀэну фызот. 30Си Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, си Ӏэнэм фыбгъэдэсу фышхэнущ икӀи фефэнущ, Израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым хьэкум#22:30 хьэкум – «суд». ятефщӀыхьынуи тахътэхэм фытетӀысхьэнущ.
«Сэ сыкъыумыцӀыхуу жыпӀэнущ», жиӀэу Хьисэ Петр зэрыжриӀар
(Маттэ 26:31-35; Марк 14:27-31; Иуан 13:36-38)
31– Симон, Симон, къэдаӀуэ. МэкъумэшыщӀэм гуэдзымрэ хьэуазэмрэ зэрызэхигъэкӀым хуэдэу, фигъэунэхун щхьэкӀэ, шейтӀаным Тхьэм хуитыныгъэ къыӀихащ. 32Ауэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу утемыкӀыну сэ Тхьэм сыпхуелъэӀуащ. Уэ си деж къыщыбгъэзэжкӀэ, уи къуэшхэр#22:32 уи къуэшхэр – ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэращ. гъэгушхуэ.
33– Зиусхьэн, сэ уи гъусэу лъэхъуэщым сыкӀуэнуи лӀэныгъэм сыӀущӀэнуи сыхуэхьэзырщ, – къыжриӀащ Симон Хьисэ.
34– Петр, сэ ныбжызоӀэ, нобэ адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ, – жиӀащ Хьисэ.
Бохъшэр, хъуржыныр, джатэр
35– Бохъши хъуржыни фымыӀыгъыу, вакъи флъымыгъыу фыщыдэзгъэкӀым,#22:35 фыщыдэзгъэкӀым – еплъ 10:4. зыгуэрым фыхуэныкъуа? – яжриӀащ Хьисэ.
– Хьэуэ, зыми дыхуэныкъуакъым, – жаӀащ абыхэм.
36– Ауэ иджы бохъши хъуржыни зиӀэм здрещтэ, – яжриӀащ Хьисэ. – Джатэ зимыӀэм и щыгъын щӀыӀутелъыр ирещи, джатэ кърещэху. 37Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэр#22:37 Тхьэм и псалъэу тхахэр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 53:12. сэ къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ: «Хабзэм текӀахэм ящыщу ялъытащ». Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ къыстеухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр къохъу.
38– Зиусхьэн, мис, джатитӀ диӀэщ, – жаӀащ абыхэм.
– Ар ирикъунущ, – яжриӀащ Хьисэ.
Елеон Ӏуащхьэм Хьисэ Тхьэм зэрыщелъэӀуар
(Маттэ 26:36-46; Марк 14:32-42)
39Ерусалим дэкӀри, зэрихабзэу, Хьисэ Елеон Ӏуащхьэм дэкӀуащ. И гъуэгу ирикӀуэхэри щӀыгъут. 40ЗдэкӀуэну щӀыпӀэм нэса нэужь, яжриӀащ:
– Гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхыну Тхьэм фелъэӀу.
41Мывэ дзыгъуэ хуэдизкӀэ абыхэм ябгъэдэкӀщ, лъэгуажьэмыщхьэу тӀысри, Хьисэ Тхьэм елъэӀуащ:
42– Си Адэ, ухуейуэ щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу. 43Абы ирихьэлӀэу зы мелыӀыч уафэм къехри, къару къритыну и пащхьэм къихутащ. 44Хьисэ гузэвэгъуэм зэщӀиубыдауэ, нэхъ хуабжьу Тхьэм елъэӀуащ. Абы и пщӀэнтӀэпсхэр лъы ткӀуэпсхэм хуэдэу щӀым теткӀуэрт.
45Тхьэм елъэӀуа нэужь, къэтэджыжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж щыкӀуэм, ахэр гузэвэгъуэшхуэм хэтурэ Ӏурихауэ ярихьэлӀащ.
46– Сыт фыщӀэжейр? – яжриӀащ абыхэм. – Фыкъэтэджи, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхыну Тхьэм фелъэӀу.
Хьисэ зэраубыдар
(Маттэ 26:47-56; Марк 14:43-50; Иуан 18:3-12)
47Хьисэ и псалъэр имыухауэ, абы и гъуэгу ирикӀуэ пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ зи цӀэр япэ иту цӀыху гуп къэкӀуащ. Ба хуищӀыну Иудэ Хьисэ къыбгъэдыхьащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иудэ Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэр и гъусэхэм яжриӀат: «Сэ ба зыхуэсщӀынуращ жыхуэсӀэр».
48– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ба зэрыхуэпщӀым къикӀыр ар тепщэныгъэ зиӀэхэм ебгъэубыдэу ара? – еупщӀащ Хьисэ абы.
49Къэхъунум гу щылъатэм, Хьисэ и гъусэхэм жаӀащ:
– Зиусхьэн, джатэхэмкӀэ дахэуэн?
50Хьисэ и гъусэхэм ящыщ зыр дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ ижьыр къыпигъэхуащ.
51– Щывгъэт! И ужь икӀ! – жиӀащ Хьисэ. А унэӀутым и тхьэкӀумэм теӀэбэри игъэхъужащ итӀанэ.
52Зубыдыну къэкӀуа дин пашэшхуэхэм, Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэм, нэхъыжьхэм Хьисэ яжриӀащ итӀанэ:
– ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи? 53Тхьэм и унэшхуэм сывигъусэу махуэ къэс сыщӀэтт, ауэ сывубыдакъым. Фи пӀалъэр къэсащ иджы икӀи мы сыхьэтым кӀыфӀыгъэ бзаджэм тепщэныгъэр ӀэщӀыхьащ.
Петр Хьисэ имыцӀыхуу зэрыжиӀар
(Маттэ 26:57-58, 69-75; Марк 14:53-54, 66-72; Иуан 18:15-18, 25-27)
54Хьисэ яубыдщ, Ӏуашри, дин пашэшхуэм и унэм щӀашащ. Петр жыжьэу якӀэлъыкӀуэтащ. 55ПщӀантӀэ кӀуэцӀым мафӀэ щащӀу щызэхэтӀысхьэжым, Петри абыхэм яхэтӀысхьащ. 56УнэӀут хъыджэбз гуэрым Петр мафӀэм бгъэдэсу къилъагъури, набдзэгубдзаплъэу къеплъыри, жиӀащ:
– Мыри Хьисэ и гъусэу щытащ.
57– Хьэуэ, хъыджэбз, – жиӀащ Петр, – ар сэ сцӀыхуркъым.
58ТӀэкӀу дэкӀауэ, нэгъуэщӀ гуэрым Петр къилъагъури жиӀащ:
– Уэри абыхэм уащыщщ.
– Хьэуэ, щӀалэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жриӀащ Петр а лӀым.
59Зы сыхьэт хуэдиз дэкӀауэ, нэгъуэщӀ гуэрми жиӀэрт щӀимычэу:
– Шэч хэмылъу, мы лӀыри абы и гъусэу щытащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар Галилейм щыщщ.
60– Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сэ сщӀэркъым, – жриӀащ Петр а лӀым. Асыхьэтым, Петр и псалъэр имыух щӀыкӀэ, адакъэ Ӏуащ. 61Зиусхьэным зыкъригъэзэкӀри, Петр къеплъащ. Зиусхьэным къыжриӀэгъа псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ: «Нобэ, адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ».
62Ар игу къыщыкӀыжым, Петр пщӀантӀэм дэкӀри, игу хэщӀу гъащ.
ХъумакӀуэхэр Хьисэ зэрыщыдыхьэшхар
(Маттэ 26:67-68; Марк 14:65)
63Хьисэ зыхъумэхэр къыщыдыхьэшхырт икӀи къаубэрэжьырт. 64И нэхэр щапхэри, енэпэфауэурэ къеупщӀащ:
– Убегъымбармэ, уэ къоуар хэтми къыджеӀэт.
65КъыхущӀэджэурэ, нэгъуэщӀ Ӏэджи къыжраӀащ.
Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм Хьисэ зэрырашар
(Маттэ 26:59-66; Марк 14:55-64; Иуан 18:19-24)
66Нэху щыщым, цӀыхухэм я нэхъыжьхэри, дин пашэшхуэхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри къызэхуэсри, Тхьэмадэ Хасэшхуэм#22:66 Тхьэмадэ Хасэшхуэр – еплъ Маттэ 5:22. и пащхьэм Хьисэ ирашащ.
67– Мэссихьыр уэрамэ, къыджеӀэ, – къыжраӀащ.
– Сэ вжесӀэми, ар фэ фи фӀэщ хъунукъым, – яжриӀащ Хьисэ.
68– Сэри сынывэупщӀмэ, жэуап къызэфтынукъым икӀи сывутӀыпщыжынукъым. 69Ауэ иджы къыщыщӀэдзауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ щысынущ.
70– АтӀэ, Тхьэм ури-Къуэщ, ара? – къеупщӀащ псори.
– Фэ зэрыжыфӀэм сыхуэдэщ, –#22:70 «Фэ зэрыжыфӀэм сыхуэдэщ», е «Фэ жывоӀэ сэ ару сызэрыщытыр». яжриӀащ Хьисэ.
71– Сыт нэгъуэщӀ щыхьэт дэ дыщӀыхуеижыр? – жаӀащ абыхэм. – Езым и жьэкӀэ жиӀэу зэхэтхакъэ?

Tällä hetkellä valittuna:

Лука 22: KbdNTGP2017

Korostus

Jaa

Kopioi

None

Haluatko, että korostuksesi tallennetaan kaikille laitteillesi? Rekisteröidy tai kirjaudu sisään