Лука 21

21
21-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Фызабэм Тхьэм щхьэкӀэ ита ахъшэр
(Марк 12:41-44)
1Тхьэм и унэшхуэм щӀэту щыплъэм, Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэхэр цӀыху бейхэм пхъуантэхэм далъхьэу илъэгъуащ Хьисэ. 2ЯкӀэлъыплъурэ фызабэ тхьэмыщкӀэ гуэрми гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитӀ пхъуантэм дилъхьэу илъэгъуащ.
3– Пэжыр нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – мы фызабэ тхьэмыщкӀэм адрей цӀыху псоми нэхърэ нэхъыбэ дилъхьащ пхъуантэм; 4мобыхэм къелыжа ахъшэм щыщщ пхъуантэм далъхьар, а фызабэм зэрыпсэуну иӀэ мащӀэ тӀэкӀур зэрыщыту дилъхьащ пхъуантэм.
Тхьэм и унэшхуэр зэрызэтекъутэнур Хьисэ къызэрыжиӀар
(Маттэ 24:1-2; Марк 13:1-2)
5Мывэ дахэхэмкӀэ икӀи тыгъэу цӀыхухэм Тхьэм хуащӀамкӀэ Тхьэм и унэшхуэр екӀуу гъэщӀэрэщӀауэ зэрыщытым цӀыху гуэрхэр щытепсэлъыхьым, Хьисэ жиӀащ:
6– Мыбдежым щыфлъагъуращ: мывитӀ къызэтемынэжу, псори къыщызэтекъутэну махуэхэр къэсынущ.
7– Дин егъэджакӀуэ, уэ а жыхуэпӀэ Ӏуэхухэр сыт щыгъуэ къыщыхъунур икӀи ахэр къызэрыхъунум и нэщэнэхэр сыт? – къеупщӀащ ахэр.
Нэщэнэхэмрэ гугъуехь куэдымрэ
(Маттэ 24:3-14; Марк 13:3-13)
8– ЦӀыхухэм фыкъызэрамыгъэпцӀэным фыхуэсакъ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», икӀи «Махуэр къэблэгъащ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ. Абыхэм я ужь фымыувэ. 9Зауэхэм я хъыбархэмрэ цӀыхухэм къэралхэм я гъэпсыкӀэр якъутэжыну къызэрызэщӀэтаджэм и хъыбархэмрэ щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.
10– Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщӀэтэджэнущ, – яжриӀащ Хьисэ. 11– ЩӀыр щӀыпӀэ-щӀыпӀэхэмкӀи хуабжьу щыхъеинущ икӀи уз зэрыцӀалэхэмрэ гъаблэхэмрэ къэхъунущ. УафэмкӀи шынагъуэшхуэ нэщэнэхэр къикӀынущ.
12– Ауэ мы Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм фаубыдынущ икӀи гугъуехь фагъэшэчынущ. Синэгуэгухэм фратынущ, лъэхъуэщым фыщӀадзэнущ икӀи пащтыхьхэмрэ Ӏэтащхьэхэмрэ я пащхьэм фрашэнущ. 13Апхуэдэу щыхъукӀэ, абыхэм я пащхьэм хъыбарыфӀым щыхьэт фыщытехъунущ. 14Ауэ мыр фигу ифлъхьэ: Зывгъэхеин щхьэкӀэ, нэхъапэ щӀыкӀэкӀэ вгъэхьэзырыным фыпымылъ; 15сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къывэныкъуэкъухэр къыфпэувыжынуи къыфпэпсэлъэжынуи ялъэмыкӀын щхьэкӀэ, псалъэ Ӏущхэр фӀурыслъхьэнущ, акъылыфӀагъи фэстынущ. 16Фэ фи адэ-анэхэми, фи къуэшхэми, фи благъэхэми, фи ныбжьэгъухэми тепщэныгъэ зиӀэхэм фрагъэубыдынущ, фщыщ гуэрхэри яукӀынущ. 17Фэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, цӀыху псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ. 18Ауэ зы щхьэц налъи фи щхьэцым хэкӀуэдыкӀынукъым. 19Теубыдагъэ фиӀэмэ, фи псэр мыкӀуэду къевгъэлынущ.
Ерусалим зэракъутэнур Хьисэ къызэрыжиӀар
(Маттэ 24:15-21; Марк 13:14-19)
20– Ерусалим дзэхэм къаувыхьауэ щыфлъагъукӀэ, абы и къутэжыгъуэр къызэрыблэгъар къэфщӀэнущ. 21Иудей хэкум ис цӀыхухэр Ӏуащхьэхэм ирекӀуэлӀэж абы щыгъуэ, къалэм дэсхэри абы дрекӀыж, губгъуэм итхэри къалэм дремыхьэж. 22Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псори, пэж хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀахэр Тхьэм щаригъэпшыныжын махуэщ ахэр. 23ЦӀыхубз лъэщыджэхэмрэ сабий быдзафэ зиӀэхэмрэ гъуэгу мыгъуэ теувэнущ а махуэхэм. Мы къэралым и цӀыхухэр гугъуехьышхуэ хэхуэнущ, Тхьэри мы лъэпкъым ину къыхуэгубжьынущ. 24Абыхэм ящыщ куэд джатэкӀэ яукӀынущ, адрейхэри гъэру яубыдурэ хамэ лъэпкъхэм я деж яшэнущ. Я тетыгъуэ лъэхъэнэр иухыху, Ерусалим лъэгукӀэ хаутэнущ хамэ лъэпкъхэм.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къызэрыкӀуэжынур
(Маттэ 24:29-31; Марк 13:24-27)
25– Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр дыгъэми, мазэми, вагъуэхэми къыщылъэгъуэнущ. ЩӀым тет лъэпкъхэм ящӀэнур ямыщӀэурэ ягухэр кӀуэдынущ. Хыри ину къэукъубеинурэ, и макъ шынагъуэр къэӀунущ. 26Дунейм къыщыхъунум пэплъэрэ, шынагъуэм зэщӀищтауэ цӀыхухэр зэтемэхынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уафэм щыӀэ къарухэр къызэщӀэхъеенущ. 27ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр пшэм хэтрэ, лъэкӀыныгъэшхуэ, щӀыхьышхуэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ абы щыгъуэ. 28А Ӏуэхухэм къэхъуу щыщӀадзэкӀэ, фытэджи, фи щхьэр къэфӀэт, Тхьэм гугъуехьыр щыфщхьэщихыжыну махуэр къэблэгъащи.
Ахъуо жыгым щыпкъагъэу къыдгуригъаӀуэр
(Маттэ 24:32-35; Марк 13:28-31)
29Хьисэ ущие хъыбар гуэр яжриӀащ итӀанэ:
– Ахъуо жыгымрэ адрей жыг псомрэ феплъ. 30Жыгхэм къэтӀэпӀу щыщӀадзэкӀэ, зыми къывжимыӀэми, гъэмахуэр къызэрыблэгъар къывощӀэ. 31Апхуэдэу, мы Ӏуэхухэр къэхъуу щыфлъагъукӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр благъэ къызэрыхъуар зэвгъащӀэ.
32– Пэжыр нывжызоӀэ, мы лъэпкъыр мыкӀуэдыж щӀыкӀэ, а Ӏуэху псори къэхъунущ. 33Уафэмрэ щӀылъэмрэ кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэхэр кӀуэдыжынукъым.
Сыт щыгъуи фысакъ!
34– Ефэ-ешхэнымкӀи, удэфэнымкӀи, мы дунейм и гугъуехьхэмкӀи фи щхьэр зэрызэӀывмыгъэхьэнми фыхуэсакъ. Ар мыхъумэ, а махуэр фымыщӀэххэу къыфепсыхэнущ. 35Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а махуэр щӀы гущӀыӀум щыпсэу цӀыху псоми хъым хуэдэу къащхьэрипхъуэнущ. 36Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.
37Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм махуэ къэс яригъащӀэрт Хьисэ, ауэ жэщ къэскӀэ къалэм дэкӀырти, Елеон Ӏуащхьэм жэщыр щигъакӀуэрт. 38Жьыуэ, пщэдджыжь къэс, Хьисэ едэӀуэну цӀыху псори, Тхьэм и унэшхуэм кӀуэрт.

Jelenleg kiválasztva:

Лука 21: KbdNTGP2017

Kiemelés

Megosztás

Másolás

None

Szeretnéd, hogy a kiemeléseid minden eszközödön megjelenjenek? Regisztrálj vagy jelentkezz be