Маттэ 4
4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Гуэныхь иригъэлэжьын папщӀэ, щейтӀаныр Хьисэ и ужь зэритар
(Марк 1:12-13; Лука 4:1-13)
1Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ губгъуэ нэщӀым ишащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ абы щӀишар гуэныхь иригъэлэжьын папщӀэ шейтӀаныр абы и ужь итын щхьэкӀэщ. 2Махуэ плӀыщӀрэ жэщ плӀыщӀрэ нэщӀа нэужь, Хьисэ къэмэжэлӀащ. 3ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэлэжь шейтӀаныр къыбгъэдыхьэри Хьисэ къыжриӀащ:
– Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэхэм унафэ хуэщӀ.
4– Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ,#4:4 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ 5 Мусэ 8:3. – жиӀащ Хьисэ, –
«ЩӀакхъуэ къудейкъым цӀыхур зэрыпсэунур,
атӀэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкӀырщ».
5ШейтӀаным Хьисэ къалэ лъапӀэм ишэщ, Тхьэм и унэшхуэм и нэхъ лъагапӀэ дыдэм тригъэувэри, 6къыжриӀащ абы и ужькӀэ:
– Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, мыбдеж зыщедзых; Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщи:#4:6 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 90:11-12.
«Тхьэм и мелыӀычхэм уэ птеухуауэ
унафэ къахуищӀынущ,
мывэм уи лъакъуэхэмкӀэ
ужьэхэмэуэн щхьэкӀэ,
я ӀэхэмкӀэ узэрахьэнущ».
7– Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщ,#4:7 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ 5 Мусэ 6:16. – жиӀащ Хьисэ, – «Зиусхьэну уи Тхьэр умыгъэунэху».
8Хьисэ бгы лъагэ дыдэ гуэрым дишщ, дунейм тет къэралыгъуэ псори абыхэм ябгъэдэлъ щытхъури къригъэлъагъури, 9къыжриӀащ итӀанэ:
– ЩӀым зыхэпӀубэрэ сэ сыбгъалъапӀэмэ, а псори уэ уэстынущ.
10– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ:#4:10 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ 5 Мусэ 6:13. «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».
11ШейтӀаныр абы и ужь икӀыжащ итӀанэ; мелыӀычхэр къыхуехри, Хьисэ Ӏуэхутхьэбзэ къыхуащӀэ хъуащ.
Хьисэ и лэжьыгъэр Галилей хэкум зэрыщиублар
(Марк 1:14-15; Лука 4:14-15)
12Иуан лъэхъуэщым щӀадзауэ#4:12 Иуан лъэхъуэщым щӀадзауэ – Ирод Антипэу Галилей, Перей хэкухэм я пщым и унафэкӀэ, цӀыхухэр зыумэхъ Иуан лъэхъуэщым щӀадзащ. Еплъ Маттэ 14:3-4. хъыбар щызэхихым, Хьисэ Галилей хэкум кӀуащ. 13Назарет къалэм дэкӀыжщ, Завулон, Неффалим хэкухэм#4:13 Завулон, Неффалим хэкухэр – Завулонрэ Неффалимрэ Израил лъэпкъым щыщ унагъуэ лъэпкъуитӀщ. Абыхэм я хэкухэр Галилей гуэлым и къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀи и ищхъэрэ лъэныкъуэмкӀи щыӀащ. ящыщу псы Ӏуфэм Ӏут Капернаум къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ ар. 14Хьисэ апхуэдэу щӀищӀар Ешайа бегъымбарым къыжиӀа мы псалъэхэр#4:14-16 Ешайа бегъымбарым къыжиӀа мы псалъэхэр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 9:1-2. пэж хъун щхьэкӀэщ:
15«Завулон, Неффалим хэкухэр,
псы Ӏуфэм Ӏус хэкур,
Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ хэкур,
хамэ лъэпкъхэм я хэку Галилей!»
(Абыхэм тепсэлъыхьу, бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ:)
16«КӀыфӀыгъэм хэт цӀыхухэм нэхугъэшхуэ ялъэгъуащ;
лӀэныгъэм и шынагъуэ зыщхьэщыт
хэку кӀыфӀым ис цӀыхухэм нэху къатридзащ».
17А зэманым къыщыщӀэдзауэ Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэ хъуащ:
– Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр#4:17 Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ 3:2. къэблэгъащи.
И гъуэгу ирикӀуэн щхьэкӀэ Хьисэ бдзэжьеящиплӀыр къызэрыхуриджар
(Марк 1:16-20; Лука 5:1-11)
18Галилей гуэлым#4:18 Галилей гуэлыр – Галилей хэкум ит гуэлщ. И кӀыхьагъыр километр 21-рэ мэхъу, и нэхъ бгъуагъыр километр 13 мэхъу. и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, зэшитӀ ирихьэлӀащ Хьисэ. ПетркӀэ зэджэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэт ахэр. Абыхэм хъыр гуэлым хадзэрт, бдзэжьеящэти. 19Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– Си ужь фыкъиувэ. Бдзэжьей къэвубыдын папщӀэ, я ужь фызэритам ещхьу, си гъуэгу къытевгъэхьэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм яужь фызэрихьэнур фэзгъэщӀэнущ.
20Яхъхэр а сыхьэтым къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.
21АдэкӀэ кӀуэурэ, нэгъуэщӀ зэшитӀи, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, ирихьэлӀащ Хьисэ. Абыхэм, я адэ Зеведей я гъусэу, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзырырт. Хьисэ ахэри къриджащ. 22Я къуафэжьейри я адэри къагъанэри, ахэр Хьисэ и ужь иуващ асыхьэтым.
Хьисэ Галилей хэкум цӀыху гупышхуэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэу икӀи щигъэхъужу зэрыщытар
(Лука 6:17-19)
23Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм#4:23 синэгуэгу – журтхэм я тхьэлъэӀупӀэщ. щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт. 24Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку#4:24 Сирие хэку – Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. Израил къэралыр Сирием щыщу щытащ. псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт. 25Галилей хэкуми, КъалипщӀ#4:25 КъалипщӀ – ахэр хамэ къалэхэт. Абыхэм я нэхъыбэр Галилей гуэлым и ипщэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм итащ. зи цӀэ хэкуми, Ерусалими, Иудей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыщхэри Хьисэ и ужь гупышхуэу иуващ.
Attualmente Selezionati:
Маттэ 4: KbdNTGP2017
Evidenziazioni
Condividi
Copia
Vuoi avere le tue evidenziazioni salvate su tutti i tuoi dispositivi?Iscriviti o accedi
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017