1
Иуан 3:16
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.
比較
Иуан 3:16で検索
2
Иуан 3:17
Тхьэм дунейм и цӀыхухэр игъэкъуэншэну аракъым езым и Къуэр дунейм къыщӀигъэкӀуар, атӀэ и Къуэм къыпкърыкӀэу дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.
Иуан 3:17で検索
3
Иуан 3:3
– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.
Иуан 3:3で検索
4
Иуан 3:18
Тхьэм езым и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри игъэкъуэншэнукъым, ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ дэтхэнэри Тхьэм игъэкъуэншакӀэщ и Къуэ закъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ зэрымыхъуам щхьэкӀэ.
Иуан 3:18で検索
5
Иуан 3:19
Тхьэм цӀыхухэр щӀигъэкъуаншэр мыращ: Нэхур дунейм къытехьащ, ауэ цӀыхухэм нэхум нэхърэ кӀыфӀыгъэр нэхъыфӀу ялъэгъуащ, абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр бзаджагъэти.
Иуан 3:19で検索
6
Иуан 3:30
Ар нэхъ ин хъун хуейщ, сэ нэхъ цӀыкӀу сыхъун хуейщ.
Иуан 3:30で検索
7
Иуан 3:20
Бзаджагъэ зылэжь дэтхэнэми нэхур илъагъу хъуркъым, илэжьа Ӏуэхухэри нахуэ мыхъун щхьэкӀэ, нэхум екӀуалӀэркъым.
Иуан 3:20で検索
8
Иуан 3:36
Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, Къуэм емыдаӀуэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэнукъым, Тхьэм и губжьыр къытехуэнущ абы.
Иуан 3:36で検索
9
Иуан 3:14
Мусэ бегъымбарым губгъуэ нэщӀым блэр зэрыщиӀэтыгъам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри цӀыхухэм яӀэтын хуейщ
Иуан 3:14で検索
10
Иуан 3:35
Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъури, и ӀэмыщӀэ псори кърилъхьащ.
Иуан 3:35で検索
ホーム
聖書
読書プラン
ビデオ