Лука 15
15
15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мэл кӀуэдам теухуа ущие хъыбарыр
(Маттэ 18:12-14)
1Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри гуэныхь зытелъхэри, къанэ щымыӀэу, Хьисэ едэӀуэну къекӀуэлӀащ. 2Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ я мыгуапэу жаӀащ:
– Мы лӀым гуэныхь зыщӀэхэр зригъэгъусэщ икӀи абыхэм ядошхэ.
3Хьисэ мы ущие хъыбарыр абыхэм яжриӀащ абы щыгъуэ:
4– Фэ фщыщ гуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зы фӀэкӀуэдмэ, адрей бгъущӀрэ бгъур губгъуэм къринэу, фӀэкӀуэдар къигъуэтыжыхукӀэ лъыхъуэнукъэ? 5Ар къыщигъуэтыжкӀэ, гуфӀэу къеӀэтри, и дамэм трелъхьэ. 6Унэм къыщыкӀуэжкӀэ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къреджэри, яжреӀэ: «ФыкъыздэгуфӀэ, сфӀэкӀуэда мэлыр къэзгъуэтыжащ». 7Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь хущӀегъуэжыным хуэмыныкъуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху бгъущӀрэ бгъум папщӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэм нэхърэ зи гуэныхьхэм хущӀегъуэж гуэныхьыщӀэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ щыӀэнущ.
Дыжьын ахъшэ кӀуэдам теухуа ущие хъыбарыр
8– Абы ещхьу, цӀыхубз гуэрым дыжьын ахъшипщӀ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, уэздыгъэ щӀигъанэу ахъшэр къигъуэтыжыхукӀэ, хуэсакъыпэу лъыхъуэурэ, унэ псор щӀищыкӀыркъэ? 9Ар къыщигъуэтыжкӀэ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къреджэри, яжреӀэ: «ФыкъыздэгуфӀэ, ахъшэ сфӀэкӀуэдар къэзгъуэтыжащ». 10Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь зыщӀауэ щӀегъуэж цӀыхум Тхьэм и мелыӀычхэр хуэгуфӀэнущ.
Къуэ кӀуэдам теухуа ущие хъыбарыр
11– ЛӀы гуэрым къуитӀ иӀэт, – жиӀащ Хьисэ. 12– Къуэ нэхъыщӀэм и адэм жриӀащ: «Си адэ, мылъкум щыщу къыслъысыну Ӏыхьэр къызэт». Арати, адэм мылъкур яхуигуэшащ.
13– Зыкъом дэкӀа нэужь, къуэ нэхъыщӀэм иӀэ псори зэщӀикъуэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ. И мылъкур а къэралъым щхьэпсыншагъэкӀэ щигъэкӀуэдащ. 14Псори фӀэкӀуэдауэ, а къэралым гъаблэшхуэ къыщыхъури, щӀалэр тхьэмыщкӀэ дыдэ хъуащ. 15Апхуэдэу щыхъум, а къэралым щыпсэу лӀы гуэрым деж кӀуэри, хуэлӀыщӀэну гурыӀуащ. А лӀым ар игъэкӀуащ и кхъуэхэр губгъуэм щригъэгъэхъуну. 16Кхъуэхэм я Ӏусым щыщ и ныбэ из ищӀыну ехъуапсэрт лӀыщӀэм, ауэ а Ӏусым щыщ зыми къритакъым.
17– ЩӀалэм и тхьэмыщкӀагъэр къыщыгурыӀуэжым, и щхьэ хужиӀащ: «Си адэм и лӀыщӀэхэр сыт хуэдиз хъуми, абыхэм яшхын яхурикъуни къелыжыни яӀэщ, ауэ сэ мэжалӀэм сиукӀыу, мыбы сыщыӀэщ. 18Си адэм деж сыкӀуэжынщи, жесӀэнщ: Си адэ, уафэмкӀи уэркӀи гуэныхь злэжьащ. 19Уэ узикъуэщ къызжепӀэну сэ схуэфащэкъым. Уи лӀыщӀэхэм ящыщ зы хуэдэу сэри сыщтэ». 20ИтӀанэ зиӀэтыжри, и адэм деж кӀуэжыну ежьэжащ итӀанэ.
– Адэм и къуэр къэкӀуэжу жыжьэу къыщилъагъум, игу щӀэгъущ, жэри, Ӏэплъэ иришэкӀыу, ба хуищӀу щӀидзащ.
21– ЩӀалэм и адэм къыжриӀащ: «Си адэ, уафэмкӀи уэркӀи гуэныхь злэжьащ. Уэ узикъуэщ къызжепӀэну схуэфащэкъым».
22– Адэм и унэӀутхэм яжриӀащ: «Щыгъынхэм я нэхъыфӀыр къыхуэфхьи, фхуапэ, зы Ӏэлъыни Ӏэрыфлъхьэ, вакъи лъыфтӀагъэ. 23Танэ гъэшхар къафши, фӀэвгъэж. Дывгъашхэ-девгъафэ икӀи дывгъэгуфӀэ. 24Мы си къуэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ». Ар жиӀэри, гухэхъуэ Ӏэнэр трагъэуващ.
25– Адэм и къуэ нэхъыжьыр губгъуэм итти, къэкӀуэжурэ унэм и гъунэгъу къыщыхъужым, уэрэд макърэ Ӏэгуауэ макърэ зэхихащ. 26УнэӀутхэм ящыщ гуэр къриджащ, «Сыт къэхъуар?» жиӀэри щӀэупщӀащ. 27УнэӀутым къыжриӀащ: «Уи къуэш нэхъыщӀэр къэкӀуэжащ. Уи адэм, ар узыншэу къызэригъуэтыжам щхьэкӀэ, танэ гъэшхар фӀригъэгъэжащ».
28– Къуэ нэхъыжьым ар щызэхихым, къэгубжьри, унэм щӀыхьэжын идакъым. И адэр къыщӀэкӀри, щӀыхьэжыну къелъэӀуащ. 29Ауэ абы и адэм жриӀащ: «Мис, сэ илъэс дапщэ хъуауэ сыпхуэлажьэрэ, уи унафэхэми зэи сытекӀакъым. Си ныбжьэгъухэм гухэхъуэ Ӏэнэ яхутезгъэувэн щхьэкӀэ, зэи зы чыцӀи къызэптакъым. 30Ауэ къуэ зыхужыпӀэу уи мылъкур цӀыхубз псэжьхэм ятезыгъэкӀуэдар къэкӀуэжати, танэ гъэшхар хуфӀебгъэгъэжащ».
31– Апхуэдэу щыхъум, адэм къыжриӀащ: «Си къуэ! Уэ сытым щыгъуи узигъусэщ, сиӀэ псори ууейщ. 32Ауэ иджыпсту дэ дыгуфӀэн икӀи дытхъэн хуейкъэ? Уи къуэш нэхъыщӀэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ».
Currently Selected:
Лука 15: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: