Лука 4:9-12

Лука 4:9-12 KBDNTGP2017

Абы и ужькӀэ шейтӀаным Хьисэ Ерусалим ишэщ, Тхьэм и унэшхуэм и нэхъ лъагапӀэ дыдэм тригъэувэри, къыжриӀащ абы и ужькӀэ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, мыбдеж зыщедзых; Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщи: «Тхьэм и мелыӀычхэм укъахъумэну унафэ къахуищӀынущ, мывэм уи лъакъуэхэмкӀэ ужьэхэмыуэн щхьэкӀэ, я ӀэхэмкӀэ узэрахьэнущ». – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жэуап иритыжащ Хьисэ абы, – «Зиусхьэну уи Тхьэр умыгъэунэху!»