Лука 12

12
12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
БзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ
1Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ:
– Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ. 2КъыщӀэмыщыжыну щӀэхъумауэ зыри щыӀэкъым, цӀыхухэм къамыщӀэну гъэпщкӀуауи зыри щыӀэкъым. 3Апхуэдэу щыхъукӀэ, жэщ кӀыфӀым щыжыфӀар цӀыхухэм махуэ нэхум зэхахыжынущ икӀи бжэкъуагъым фыӀущащэу щыжыфӀар унащхьэхэм тету щаӀуэтэжынущ.
Фызыщышынэн хуейр
(Маттэ 10:28-31)
4– Сэ нывжызоӀэ, си ныбжьэгъухэм, Ӏэпкълъэпкъыр ягъэкӀуэдын фӀэкӀ, нэгъуэщӀ зыри зыхузэфӀэмыкӀыжынухэм фащымышынэ. 5Фызыщышынэн хуейр сэ вжесӀэнщ: иукӀар жыхьэнмэм хидзэжыну тепщэныгъэ зиӀэм фыщышынэ. ВжызоӀэ: аращ фызыщышынэн хуейр. 6Бзу цӀыкӀуитхур хъурыщитӀкӀэ* ящэркъэ? Апхуэдэу щытми, абыхэм ящыщу зыри щымыгъупщауэ Тхьэм игу илъщ. 7Фи щхьэм тет щхьэц налъэ псори лъытащ. Аращи, фымышынэ. Бзу Ӏэджэм нэхърэ фынэхъ лъапӀэщ фэ.
Мэссихь и гъуэгу ирикӀуэхэм уазэрыщыщыр цӀыхухэм ебгъэщӀэныр
(Маттэ 10:32-33; 12:32; 10:19-20)
8– ВжызоӀэ, сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм,#12:8 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ Маттэ 8:20. си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм сэри щыжысӀэнущ. 9Ауэ си гъуэгу ирикӀуэхэм ящымыщу цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращымыщыр Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм щыжысӀэнущ. 10Хэту щытми, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм къыхуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым къыхуэгъунукъым.
11– Синэгуэгухэм фыщраткӀи, хэку пашэхэми тепщэныгъэ зиӀэхэми я пащхьэм фыщрашэкӀи, «Дауэ зыдгъэхейну?» икӀи «Сыт жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ; 12жыфӀэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм асыхьэт дыдэм фигъэщӀэнущи.
ЛӀы бей акъылыншэм теухуа ущие хъыбарыр
13ЦӀыхубэм яхэту, лӀы гуэр Хьисэ къелъэӀуащ:
– Дин егъэджакӀуэ, ди адэм къыщӀэна мылъкур си къуэшым къыздегъэгуэш.
14– Фызэрызэдэгуэшэну щӀыкӀэр нывжесӀэну хэт сызыгъэувар? – жриӀащ Хьисэ. 15ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ:
– Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми.
16Хьисэ ущие хъыбар яжриӀащ итӀанэ:
– ЛӀы бей гуэрым и щӀым гъавэ бэв къытекӀат. 17Арати, егупсысри, и щхьэм хужиӀэжащ: «Сыт сщӀэнур? Си гъавэр зэрыслъхьэн гуэн сиӀэкъым».
18– ИтӀанэ жиӀащ: «Мыращ сщӀэнур: си гуэнхэр къезгъэгъэуэнщ, нэхъ гуэн ин езгъэщӀынщи, си гъавэ псори си мылъкури ярыслъхьэнщ. 19СигукӀэ жысӀэнщ итӀанэ: Илъэс куэдкӀэ схурикъун фӀыгъуэ Ӏэджи сиӀэщ. Зыгъэпсэху, шхэ, ефэ, зыгъэтхъэж».
20– Ауэ Тхьэм абы къыжриӀащ: «Уэ уцӀыху акъылыншэщ! Мы жэщ дыдэм уи псэр хэсхынущ. Мы бгъэтӀылъахэр хэт къызыхуэнэжынур?»
21– Зи щхьэм мылъкушхуэ хузэхуэзыхьэсу, Тхьэм дежкӀэ мылъкушхуэ зимыӀэм аращ къыщыщӀынур.
Гузэвэгъуэм теухуауэ
(Маттэ 6:19-21, 25-34)
22– Аращи, нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – «Сыт тшхыну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фи Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ. 23Шхыным нэхърэ гъащӀэр нэхъ лъапӀэщ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъ лъапӀэщ. 24Къуаргъхэм феплъыт. Абыхэм жылэ ясэркъым, гъави къахыжыркъым, гуэни гъэтӀылъыпӀи яӀэкъым, ауэ Тхьэм ахэр егъашхэ. Фэ бзухэм нэхърэ куэдкӀэ фынэхъ лъапӀэкъэ! 25ЩӀэкъу пэтми, хэт фэ фщыщу, зы Ӏэбжьэ нэхъ мыхъуми, и кӀыхьагъым хигъэхъуэн зылъэкӀынур? 26Апхуэдэ мащӀэ тӀэкӀур щыфхузэфӀэмыкӀкӀэ, адрей къэна псом щхьэкӀэ сыт фыщӀэгузавэр?
27– Удз гъагъэхэм къызэрыкӀым феплъыт: Ахэр лажьэркъым, цыи яджыркъым, ауэ сэ нывжызоӀэ, ягъэлеяуэ зызыгъэщӀэращӀэу щыта езы Сэлмэн пащтыхь#12:27 Сэлмэн пащтыхьыр – СоломонкӀэ зэджэрщ. И зэманым щыгъуэ ар пащтыхьу щыӀэм нэхърэ нэхъ бейуэ щытащ. Еплъ Пащтыхьхэм я хъыбархэр зэрыт япэ тхылъым (3-я Царств) 10:23. дыдэри абыхэм ящыщ зым ещхьу хуэпауэ щытакъым. 28Нобэ губгъуэм щыгъагъэу, пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэу фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? 29Фэри фшхынумрэ фызэфэнумрэ я ужь фимыт икӀи абыхэм фримыгумэщӀ. 30Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псори аращ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. Фэ абы фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ищӀэркъэ? 31Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхугъуэхэм я ужь фит япэщӀыкӀэ, адрейуэ къэна Ӏуэхугъуэхэр псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ.
32– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи. 33Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым. 34Фи мылъкушхуэр здэщыӀэм фигухэри щыӀэнущ.
Фымыжейуэ, фысакъ
(Маттэ 24:45-51)
35– Фи цеикӀэхэр дэупщӀауэ, фи уэздыгъэхэр щӀэгъэнауэ, хьэзыру фыщыт. 36Зи тепщэр хьэгъуэлӀыгъуэм къикӀыжыным пэплъэрэ бжэм къызэрытеуӀуэу хуӀузыхыну хьэзыру щытхэм хуэдэу фыщыт. 37Тепщэм къигъэзэжа нэужь, мыжейуэ икӀи сакъыу къызрихьэлӀэж унэӀутхэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, абы и цеикӀэр диупщӀэнущ, Ӏэнэм пэригъэтӀысхьэнущ икӀи езыр къэкӀуэнурэ къащхьэщытынущ. 38Жэщ ныкъуэм е джэд Ӏуэгъуэм деж тепщэр къэкӀуэжауэ, мыжейуэ икӀи сакъыу а унэӀутхэм кърихьэлӀэжмэ, ахэр гъуэгу махуэ теуващ. 39Ауэ мыр зэвгъащӀэ: Унэр зейм дыгъуакӀуэр къыщыкӀуэну сыхьэтыр ищӀэу щытамэ, жеинтэкъым, езым и унэми щӀигъыхьэу, щӀэлъыр иригъэдыгъунтэкъым. 40Фэри фыхьэзырын хуейщ, фыщимыгугъэ сыхьэт гуэрым ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къэкӀуэжынущи.
41– Зиусхьэн, – жиӀащ Петр, – мы ущие хъыбарыр дэр щхьэкӀэ жыпӀэрэ хьэмэрэ псом щхьэкӀи жыпӀэрэ?
42– Хэт атӀэ акъылыфӀагъэ иӀэрэ зыщыгугъ хъун унэзехьэу тепщэм езым и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм унафэщӀ яхуищӀынур, шхын и чэзум къаритын щхьэкӀэ? – жиӀащ Зиусхьэным. 43– А унэӀутыр гъуэгу махуэ теуващ, тепщэр къэкӀуэжрэ апхуэдэу ищӀэу кърихьэлӀэжмэ. 44Пэжыр нывжызоӀэ, тепщэм и мылъку псори а унэӀутым и ӀэмыщӀэ ирилъхьэнущ. 45Ауэ а унэӀутым игукӀэ «Си тепщэр къэгувэнущ» жиӀэу адрей унэӀут цӀыхубзхэми цӀыхухъухэми яхэуэу икӀи ефэ-ешхэурэ удафэу щиублэкӀэ, 46а унэӀутым тепщэр къэкӀуэжыну щимыгугъэ махуэм икӀи щыпэмыплъэ сыхьэтым ар къэсынущ. А унэӀутыр хьэлэчу иубэрэжьынущ тепщэм икӀи фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм гугъуехь щадишэчыну щӀыпӀэм игъэкӀуэнущ.
47– И тепщэр зыхуейр ищӀэу щыта пэтми, зызымыгъэхьэзыра е тепщэр зыхуейр зымыгъэзэщӀа унэӀутым удын куэд къытехуэнущ. 48И тепщэр зыхуейр имыщӀэу, тезыр зыхуэфащэ Ӏуэхухэр зылэжьам нэхъ удын мащӀэщ къытехуэнур. Куэд зритам куэд къитыжынкӀэ щыгугъынущ Тхьэр, зи ӀэмыщӀэ куэд ирилъхьам нэхъ куэдыжкӀэ щыгугъынущ.
Зы унэм зэдыщӀэсхэр зэрызэгурымыӀуэнур
(Маттэ 10:34-36)
49– ЩӀым мафӀэ ездзын щхьэкӀэ, сыкъэкӀуащ икӀи ар щӀэнамэ, сыту си гуапэ хъунут! 50ЦӀыхухэм гугъуехькӀэ саумэхъын#12:50 умэхъын – еплъ Маттэ 3:1. хуейщ, ар къысэхъулӀэху Ӏейуэ согузавэ. 51ЩӀылъэм зэгурыӀуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкӀэ сыкъэкӀуауэ фи гугъэ? Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, аракъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ зэгурымыӀуэныгъэ фхэслъхьэн щхьэкӀэщ, 52сыту жыпӀэмэ иджы щыщӀэдзауэ зы унэм зэдыщӀэс цӀыхуитхур лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъунущ: щыр тӀум пэувынущ, тӀури щым пэувынущ; 53лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъунурэ, адэр къуэм, къуэр адэм пэувынущ; анэр пхъум, пхъур анэм пэувынущ; гуащэр нысэм, нысэр гуащэм пэувынущ.
Мы зэманым и нэщэнэхэм къарыкӀыр зыгурывгъаӀуэ
(Маттэ 16:2-3)
54– КъухьэпӀэмкӀэ пшэ къытрихьэу флъагъумэ, «Уэшх къешхынущ» асыхьэтым жывоӀэ, апхуэдэуи мэхъу, – яжриӀащ Хьисэ цӀыхубэм. 55– Адрейуэ, ипщэ лъэныкъуэмкӀэ къикӀ жьыр къыщепщэкӀэ, «Хуабэ дыдэ хъунущ» жывоӀэ, апхудэуи мэхъу. 56Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! ЩӀылъэмрэ уафэмрэ я теплъэм къикӀыр къывгуроӀэ, мы зэманым и нэщэнэхэм къикӀыр къыщӀывгурымыӀуэр сыт?
Уи дауэгъум узэрекӀужыным и ужь ит
(Маттэ 5:25-26)
57– Фэ фщӀэн хуейр фэр-фэру сыт къыщӀывгурымыӀуэр? 58Псалъэм щхьэкӀэ, уи дауэгъум уригъусэу хеящӀэм#12:58 хеящӀэр – зыгуэр хеймэ е къуаншэмэ, хабзэм тету зэхэзыгъэкӀырщ. деж ущыкӀуэкӀэ, гъуэгум фытетыху, узэрекӀужыным и ужь ит. Армырамэ, уи дауэгъум хеящӀэм* и пащхьэм уришэнущ, абы лъэхъуэщ хъумакӀуэм уӀэщӀилъхьэнущ, лъэхъуэщ хъумакӀуэм лъэхъуэщым ущӀидзэнущ. 59Сэ бжызоӀэ, зы хъурыщи къыпхуэмынэжыху щӀумытауэ, уэ лъэхъуэщым укъыщӀэкӀыжынукъым.

Jelenleg kiválasztva:

Лука 12: KbdNTGP2017

Kiemelés

Megosztás

Másolás

None

Szeretnéd, hogy a kiemeléseid minden eszközödön megjelenjenek? Regisztrálj vagy jelentkezz be