Лука 13

13
13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Гуэныхьу пщӀахэм хущӀегъуэж, армырамэ, уэр-уэру зыбгъэкӀуэдыжауэ арщ
1ЦӀыху гуэрхэр Хьисэ деж къакӀуэри, Пилат Ӏэтащхьэм#13:1 Пилат Ӏэтащхьэр – еплъ 3:1. Галилейм щригъэукӀахэм я хъыбар къыхуахьащ а зэманым. А цӀыхухэм я лъымрэ я къурмэныпхъэм и лъымрэ зэхэлъадэу, Пилат и цӀыхухэм яригъэукӀыгъащ. 2Хьисэ деж къэкӀуахэм яжриӀащ:
– Ахэр апхуэдэу зэрыкӀуэдам щхьэкӀэ, Галилей щыщ адрей цӀыху псоми нэхърэ ахэр нэхъ гуэныхьыщӀэу фи гугъэ? 3Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ фщӀа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, псори апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ. 4Е Силоам зи цӀэ щӀыпӀэм ит бэтэгъейр къызэтеуэу щӀипӀытӀа цӀыху пщыкӀуийр Ерусалим дэс цӀыху псоми нэхърэ нэхъ къуаншэу фи гугъэ? 5Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ къэфхьа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ псори.
Ахъуо жыг гъуам теухуа ущие хъыбарыр
6Хьисэ мы ущие хъыбарыр яжриӀащ итӀанэ:
– Зыгуэрым и хадэм ахъуо жыг итт. Абы къыпыкӀаӀамэ, еплъыну къыщыкӀуэм, къыпыкӀаӀауэ зыри игъуэтакъым. 7Арати, хэдэзехьэм жриӀащ: «Мис, илъэсищ хъуауэ, мы жыгым зыгуэр къыпыкӀэмэ, сеплъыну сыкъокӀуэ, ауэ къыпыкӀаӀауэ згъуэтыркъым. Ауэ щыхъукӀэ, къиупщӀыкӀыж, сыт щӀыр щӀигъэхьэулеин хуейр мыбы?»
8– Хэдэзехьэм къыжриӀащ: «Зи щӀыхь ин, зы илъэс игъэт иджыри. Жыгыр ихъуреягъкӀэ къэстӀыхьынурэ, вэнывей тӀэкӀу щӀэскӀутэнущ. 9Гъэ къакӀуэ къыпыкӀэнкӀэ хъунщ. КъыпымыкӀэмэ, къибупщӀыкӀыжынщ».
Зиузэхун лъэмыкӀыу, зи тхыр ухуауэ щыт цӀыхубз гуэр Хьисэ щэбэт махуэм зэригъэхъужар
10Хьисэ синэгуэгу гуэрым цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэрт щэбэт махуэм. 11Илъэс пщыкӀуий лъандэрэ сымаджэ цӀыхубз гуэр жин бзаджэм иӀыгъыу абдежым щӀэтт. Зиузэхун лъэмыкӀыу, и тхыр ухуат абы. 12Хьисэ ар щилъагъум, къриджэри жриӀащ:
– ЦӀыхубз, уи узыр иджы щыщӀэдзауэ пщхьэщыкӀащ.
13И Ӏэхэр а цӀыхубзым трилъхьэри, абы занщӀэу зиузэхужащ, Тхьэми щӀыхь хуищӀащ.
14Хьисэ сымаджэр щэбэт махуэм зэригъэхъужам щхьэкӀэ, синэгуэгу пашэр губжьри, цӀыхухэм яжриӀащ:
– Щылэжэн хуей махуих яӀэщ цӀыхум. ЗэвгъэӀэзэнумэ, а махуихым фыкъакӀуэ, щэбэт махуэм фыкъэмыкӀуэ.
15– Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! – жриӀащ Зиусхьэным а пашэм. – Зи выр е зи шыдыр къыкӀэритӀэтыкӀыу щэбэт махуэми псы езымыгъафэ къыфхэт? 16Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу илъэс пщыкӀуий лъандэрэ шейтӀаным иӀыгъ мы цӀыхубзыр щэбэт махуэм щхьэхуит сщӀыуэ згъэхъужын хуеякъэ?
17Хьисэ ар щыжиӀэм, къыпэувауэ щыт цӀыху псори укӀытэжащ, ауэ адрейхэр Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэ псоми щыгуфӀыкӀащ.
Хъардэл хьэдзэмрэ пщагъэмрэ теухуа ущие хъыбарыр
(Маттэ 13:31-33; Марк 4:30-32)
18– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр#13:18 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ Маттэ 3:2. зыхуэдэр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Ар сытым езгъэщхьын? 19Ар зыхуэдэр хъардэл#13:19 хъардэл – тарчицэ, андэгурэ лӀэужыгъуэ. хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хадэм хисащ. Хьардэлыр къэкӀри, и къудамэхэм къуалэбзухэр къытетӀысхьэу, жьауапӀэ яхуэхъуащ.
20– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сытым хуэзгъэдэн? – аргуэру жиӀащ Хьисэ. 21– Ар зыхуэдэр пщагъэрщ. ЦӀыхубз гуэрым ар къищтэщ, ӀэнлъищкӀэ хупцӀынэ ипщри, псори игъэтэджащ.
Куэбжэ зэвыр
(Маттэ 7:13-14, 21-23)
22Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къызэхикӀухьым, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ ЕрусалимкӀэ кӀуэну иунэтӀащ. 23Зыгуэр къеупщӀащ абы:
– Зи щӀыхь ин, мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну цӀыхухэр мащӀэ дыдэ?
24– Куэбжэ зэвымкӀэ фызэрыдыхьэным Ӏэмал зэриӀэкӀэ и ужь фит, – жэуап яритыжащ Хьисэ абыхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, цӀыху куэд куэбжэмкӀэ дыхьэну и ужь итынущ, ауэ яхузэфӀэкӀынукъым. 25Бысымыр къэтэджу куэбжэр хуищӀыжа нэужь, «Зиусхьэн, Зиусхьэн, куэбжэр къытхуӀух», жыфӀэурэ уэрамым фыдэту куэбжэм фытеуӀуэнущ.
– Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым».
26– Абы щыгъуэ жефӀэу щӀэвдзэнущ: «Уи гъусэу дешхат икӀи дефат; ди къалэм и уэрамхэм Тхьэм и псалъэхэр щыдбгъэщӀауэ щытат».
27– Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым. ФызбгъэдэкӀ, фэ бзаджащӀэ псори!»
28– Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби, адрей бегъымбар псори Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьауэ, ауэ фэ а Тепщэныгъэшхуэм фыкъыщӀахуауэ щыфлъагъукӀэ, гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ абы. 29КъуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи къикӀынурэ, я тӀысыпӀэхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и гухэхъуэ Ӏэнэм щаубыдынущ цӀыхухэм. 30Я ужь итхэм ящыщхэр япэ ищынущ, япэ итхэм ящыщхэри я ужь къинэнущ абы щыгъуэ.
Еууей, Ерусалим! Ерусалим!
(Маттэ 23:37-39)
31Фарисейхэм* ящыщ гуэрхэр абы ирихьэлӀэу къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ:
– Мы щӀыпӀэр къэбгынэ, Ирод пщым и цӀыхухэм уаригъэукӀынущи.
32– ФыкӀуи, – яжриӀащ Хьисэ, – а бажэм жефӀэ: «Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм нобэрэ пщэдейрэ яхэсхунущ, сымаджэхэми сеӀэзэнущ, си Ӏуэхур ещанэ махуэм сыухынущ». 33Апхуэдэу щыт пэтми, ноби, пщэдеи, пщэдеймыщкӀи си гъуэгу срикӀуэн хуейщ, бегъымбарыр Ерусалим фӀэкӀа нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щылӀэ хъунукъыми.
34– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым. 35АтӀэ фи къалэм Тхьэр нэфӀкӀэ къеплъыжынукъым. Сэ нывжызоӀэ, «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ» щыжыфӀэну махуэм нэсыху сыкъэфлъагъужынукъым.

Jelenleg kiválasztva:

Лука 13: KbdNTGP2017

Kiemelés

Megosztás

Másolás

None

Szeretnéd, hogy a kiemeléseid minden eszközödön megjelenjenek? Regisztrálj vagy jelentkezz be