Лука 14

14
14-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЛӀы зэщӀэбэгар Хьисэ щэбэт махуэм зэригъэхъужар
1Фарисей пашэхэм ящыщ гуэрым и унэм щышхэну щэбэт махуэ гуэрым Хьисэ щригъэблэгъам, цӀыхухэр Хьисэ кӀэлъыплъырт. 2ЛӀы гуэр зэщӀэбэгауэ Хьисэ и пащхьэм къиуващ асыхьэтым. 3Хьисэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ яжриӀащ:
– Сымаджэр щэбэт махуэм бгъэхъужыныр хабзэм къезэгърэ хьэмэрэ къемызэгърэ?
4Абыхэм зыри жаӀакъым. Хьисэ сымаджэм теӀэбэщ, игъэхъужри иутӀыпщыжащ.
5Хьисэ абыхэм еупщӀащ итӀанэ:
– Фэ фщыщ гуэрым и шыдыр е и выр щэбэт махуэм псыкъуий мащэм ихуэмэ, занщӀэу кърихыжынукъэ?
6Абыхэм жэуап къратыфакъым.
ХьэщӀэхэмрэ бысымымрэ зэрагъэщӀэн хуей Ӏуэхухэр
7ХьэщӀэхэм тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыду гу щылъитэм, мы ущие хъыбарыр Хьисэ яжриӀащ:
8– Зыгуэрым гухэхъуэ Ӏэнэм уригъэблагъэмэ, тхьэмадэ тӀысыпӀэм умытӀыс, абы къригъэблэгъахэм уэр нэхърэ нэхъыжь гуэр яхэтынкӀэ хъунущи. 9Уэри ари фезыгъэблэгъа бысымым уэ къыббгъэдыхьэнурэ, абы щыгъуэ къыбжиӀэнущ: «Мы цӀыхум уи тӀысыпӀэр ет!» Апхуэдэу хъумэ, уукӀытэжауэ, нэхъ тӀысыпӀэ икӀэ дыдэм утӀысын хуей хъунущ уэ. 10УщрагъэблагъэкӀэ, тӀысыпӀэ икӀэ дыдэм тӀыс. Бысымым, уэ къыббгъэдыхьэнурэ, къыбжиӀэнущ абы щыгъуэ: «Си ныбжьэгъу, тӀэкӀу къыдэкӀуэтей!» Абы адрей хьэщӀэ псоми я пащхьэм ущигъэлъэпӀэнущ; 11зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущи.
12Хьисэ и бысымым жриӀащ итӀанэ:
– Уэ шэджагъуашхэ е пщыхьэщхьэшхэ щыпщӀкӀэ, уи ныбжьэгъухэри, уи къуэшхэри, уи благъэхэри, уи гъунэгъу бейхэри къыумыгъэблагъэ. Ахэр къебгъэблагъэмэ, яхуэпщӀар къыпхуащӀэжын папщӀэ урагъэблэгъэжынкӀэ хъунущ. 13Ауэ гухэхъуэ Ӏэнэ щытебгъэувэкӀэ, тхьэмыщкӀэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, лъашэхэр, нэфхэр къегъэблагъэ. 14ЯхуэпщӀар абыхэм къызэрыпхуамыщӀэжыфынум щхьэкӀэ, гъуэгу махуэ утеуващ. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхухэр къыщытэджыжкӀэ, яхуэпщӀар Тхьэм къыпхуищӀэжынущ.
Гухэхъуэ Ӏэнэм теухуа ущие хъыбарыр
(Маттэ 22:1-10)
15Хьисэ щӀыгъуу Ӏэнэм бгъэдэса гуэрым ар щызэхихым, жиӀащ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, адрей хьэщӀэхэм я гъусэу Ӏэнэм бгъэдэсынур гъуэгу махуэ теуващ.
16– ЛӀы гуэрым гухэхъуэ Ӏэнэ тригъэуващ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым, – цӀыху куэди къригъэблэгъащ. 17Гухэхъуэ Ӏэнэр щытраувэну сыхьэтыр къыщысым, къеблэгъэнухэм я деж унэӀут гуэр игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэну: «Иджы фыкъеблагъэ, псори хьэзырщ».
18– Ауэ псоми, зэрыгъэӀуща нэхъей, щхьэусыгъуэхэр ящӀу щӀадзащ. Япэрейм унэӀутым къыжриӀащ: «Сэ щӀы къэсщэхуащи, сыкӀуэу абы семыплъмэ, хъунукъым. ЕмыкӀу сыкъыумыщӀ».
19– НэгъуэщӀ зыгуэрми жиӀащ: «ВипщӀ къэсщэхуащи, я щытыкӀэм сеплъыну сокӀуэ. ЕмыкӀу сыкъыумыщӀ».
20– Ещанэми жиӀащ: «Сэ фыз къэсшащи, сынэкӀуэфынукъым».
21– УнэӀутым къигъэзэжри, Ӏуэхур зэрыхъуар и тепщэм къыжриӀэжащ. Апхуэдэу щыхъум, бысымыр къэгубжьри, унэӀутым жриӀащ: «Къалэм и уэрамышхуэхэми и уэрам цӀыкӀухэми псынщӀэу дыхьи, тхьэмыщкӀэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, нэфхэр, лъашэхэр мыбы къашэ».
22– УнэӀутым къыщигъэзэжым, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, уи унафэр згъэзэщӀащ, ауэ тӀысыпӀэ нэщӀхэр щыӀэщ иджыри».
23– Тепщэм унэӀутым жриӀащ итӀанэ: «Гъуэгухэмрэ лъагъуэхэмрэ техьи, си унэм щӀэз хъун щхьэкӀэ, къэкӀуэну цӀыхухэм яжеӀэ. 24Сэ нывжызоӀэ, къезгъэблэгъахэм ящыщ зыри си ерыскъым къыхэӀэбэнукъым».
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къеблэгъахэр куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэным хэлъ гугъехьыр
(Маттэ 10:37-38)
25Хьисэ щӀыгъуу цӀыху гупышхуэ гъуэгу тетт. Абыхэм захуигъазэри, Хьисэ яжриӀащ:
26– Ар хэтуи щрет, гъусэ зыкъысхуэзыщӀауэ, и анэр, и фызыр, и бынхэр, и къуэшхэр, и шыпхъухэр фӀыуэ зэрилъагъум, и псэри фӀыуэ зэрилъагъум нэхърэ сэ нэхъыфӀу сызымылъагъур си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъуфынукъым. 27Ар хэтуи щрет, и жорыр зыхьу сэ си ужь къимыувэм си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.
28– Фщыщ гуэрым бэтэгъей ищӀын хуей хъумэ, япэщӀыкӀэ тӀысрэ, зыхуеину псор къилъытэу, бэтэгъейр зэрыригъэухуэн ахъшэ иӀэрэ имыӀэрэ зригъэщӀэн хуейкъэ? 29Армыхъумэ, лъабжьэр игъэувауэ, унэр нигъэсын щылъэмыкӀкӀэ, ар къэзылъагъу цӀыху псори къыщыдыхьэшхыурэ, 30мыпхуэдэу жаӀэнущ: «Мы лӀым унэ ищӀыну къригъэжьат, арщхьэкӀэ икӀэм хунигъэсакъым».
31– Апхуэдэуи, зы пащтыхь гуэрым нэгъуэщӀ пащтыхьым зауэ ирищӀылӀэну игу илъмэ, япэщӀыкӀэ тӀысу, цӀыху мин тӀощӀ зиӀэ бий къыхуэкӀуэмэ, езым и цӀыху минипщӀымкӀэ пэувын лъэкӀынрэ лъэмыкӀынрэ егупсысын хуейкъэ? 32Пэмыувыфынумэ, бийр къэмыс щӀыкӀэ лӀыкӀуэхэр хуигъэкӀуэнурэ, зэкӀужыну иригъэлъэӀунущ. 33Абы ещхьу, фэ фщыщу, хэтуи щрети, иӀэ псори ӀэщӀыб зымыщӀым си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.
Шыугъэ зыхэмылъ шыгъур
(Маттэ 5:13; Марк 9:50)
34– Шыгъур фӀыщ. Ауэ шыгъум и шыугъэр хэкӀмэ, абы и шыугъэр дауэ зэрыхэплъхьэжынур? 35ЩӀымкӀи вэнывеймкӀи ар сэбэп хъужынукъым. Апхуэдэр хыфӀадзэж.
– ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.

Jelenleg kiválasztva:

Лука 14: KbdNTGP2017

Kiemelés

Megosztás

Másolás

None

Szeretnéd, hogy a kiemeléseid minden eszközödön megjelenjenek? Regisztrálj vagy jelentkezz be