Лука 14:28-30

Лука 14:28-30 KBDNTGP2017

– Фщыщ гуэрым бэтэгъей ищӀын хуей хъумэ, япэщӀыкӀэ тӀысрэ, зыхуеину псор къилъытэу, бэтэгъейр зэрыригъэухуэн ахъшэ иӀэрэ имыӀэрэ зригъэщӀэн хуейкъэ? Армыхъумэ, лъабжьэр игъэувауэ, унэр нигъэсын щылъэмыкӀкӀэ, ар къэзылъагъу цӀыху псори къыщыдыхьэшхыурэ, мыпхуэдэу жаӀэнущ: «Мы лӀым унэ ищӀыну къригъэжьат, арщхьэкӀэ икӀэм хунигъэсакъым».