Ирод деж ямыгъэзэжыну Тхьэм пщӀыхьэпӀэкӀэ къагуригъэӀуати, я къэралым нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ кӀуэжащ.
Тхьэгурымагъуэхэр кӀуэжа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэм хэту Исуф къыхуэкӀуащ.
– Къэтэдж, – жиӀащ мелыӀычым, – сабиймрэ абы и анэмрэ здэши, Мысырым кӀуэ. Хъыбар уэзгъэщӀэху, абы щыӀэ, сабийр иукӀын щхьэкӀэ, Ирод къилъыхъуэнущи.