Маттэ 3
3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
УмэхъакӀуэ Иуан и уазыр
(Марк 1:1-8; Лука 3:1-9, 15-17; Иуан 1:19-28)
1А махуэхэм къэкӀуауэ, Иудей хэкум и губгъуэ нэщӀым цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэурэ, 2умэхъакӀуэ Иуан#3:2 умэхъыныр – «фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ», жиӀэу Иуан (Яхья) цӀыхухэр иумэхъырт. Хьисэ уафэм щыдэкӀуеижам къыщыщӀэдзауэ, цӀыхухэм диным теухуауэ тепщэныгъэ зиӀэ цӀыху гуэрым зрагъэумэхъ – нэгъуэщӀу жыпӀэмэ а цӀыхум ахэр псым щӀегъауэ е я щхьэм псы тӀэкӀу треутхэ. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуар къагъэлъагъуэ абыкӀэ. Абы нэмыщӀкӀи, Хьисэ лӀэуэ, лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам щхьэкӀэ, я гуэныхьхэр къахуэгъуауэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъуам щыхьэт тохъуэ. жиӀэрт:
– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр#3:2 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр – Тхьэм мы дунейми мы дунейм тет цӀыхухэми тепщэныгъэшхуэу яхуиӀэращ. Инджылыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щытепсэлъыхькӀэ, жыхуиӀэр зэм мы зэманым Тхьэм тепщэныгъэшхуэу иӀэращ, зэм къэкӀуэну зэманым Тхьэм тепщэныгъэшхуэу иӀэнуращ, зэм Тхьэм и деж мыкӀуэдыжын гъащӀэ щыуиӀэныращ. къэблэгъащи.
3Иуанщ Ешайа бегъымбарым мыр жиӀэу зытепсэлъыхьар:#3:3 Ешайа бегъымбарым зытепсэлъыхьар – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 40:3. Ешайа бегъымбарыр щыпсэуар Хьисэ къэхъун и пэкӀэ 759-698 гъэхэрщ.
«Губгъуэ нэщӀым джэ макъ къыщоӀу:
Зиусхьэным гъуэгур хуэвгъэпси,
и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ».
4Иуан махъшэцым къыхэщӀыкӀа щыгъын щыгът, и бгым фэ бгырыпх щӀэлът, и шхыныгъуэри мацӀэрэ губгъуэ форэт. 5Ерусалим дэс цӀыхухэри, Иудей хэку псом ис цӀыхухэри, Иордан псым и Ӏэхэлъахэм зэкӀэ щыпсэу цӀыхухэри Иуан деж кӀуащ абы щыгъуэ. 6Гуэныхьу ялэжьамкӀэ заумысыжри, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.
7Фарисейхэмрэ#3:7 фарисейхэр – журтхэм ящыщу диным ирикӀуэ цӀыху гупу щытащ. Ахэр Торэт хабзэм итхэмрэ я адэжьхэм къащӀэна хабзэхэмрэ хуабжьу яхэту щытащ. саддукейхэмрэ#3:7 саддукейхэр – дин пашэхэм ящыщу диным хэт пашэ гупу щытащ. Абыхэм тхылъ лъапӀэу ялъытэу щытар Торэт хабзэм ит тхылъитхурщ. ящыщ куэд зрагъэумэхъын щхьэкӀэ къэкӀуауэ щилъагъум, Иуан яжриӀащ:
– Фэ, блэ щылъхухэ!#3:7 блэщылъху – блэм къилъхуа; мыбдежым къикӀ мыхьэнэр: цӀыху бзаджэ, Тхьэр зи гум имылъ. Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар? 8Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. 9«Ибрэхьимщ дэ ди адэр» жывмыӀэххэ! Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэми Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну. 10Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.
11– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ. 12Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.
Иуан Хьисэ зэриумэхъар
(Марк 1:9-11; Лука 3:21-22)
13Галилей хэкум къикӀри, абы щыгъуэ Хьисэ Иордан псым и Ӏуфэм къэкӀуащ, Иуан зригъэумэхъын щхьэкӀэ. 14Ар имыдэу, Иуан Хьисэ мыпхуэдэу жриӀащ:
– Уэ сэ езыр сыбумэхъын хуейщ. Зызбгъэумэхъын щхьэкӀэ укъысхуэкӀуауэ ара уэ?
15– ИджыкӀэ апхуэдэу ирехъу, – жэуап иритыжащ абы Хьисэ, – апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ захуагъэ длэжьауэ мэхъури.
Ар къыщыжриӀэм, арэзы хъури, Иуан Хьисэ иумэхъащ.
16Иуан зригъэумэхъри, Хьисэ псым къыхэкӀыжащ. Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэӀукӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар Хьисэ илъэгъуащ. 17Уафэм макъ къиӀукӀащ итӀанэ:
– Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.#3:17 Мыращ … си гум ирихьыр – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 2:7; 1 Мусэ 22:2; Ешайа бегъымбарым и тхылъым 42:1.
Voafantina amin'izao fotoana izao:
Маттэ 3: KbdNTGP2017
Asongadina
Hizara
Dika mitovy
Tianao hovoatahiry amin'ireo fitaovana ampiasainao rehetra ve ireo nasongadina? Hisoratra na Hiditra
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: