YouVersion Logo
Search Icon

Лука 10

10
10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху блыщӀыр Тхьэм хуэлэжьэну зэрыригъэжьар
1Абы и ужькӀэ Зиусхьэным цӀыху блыщӀ къыхихри, дэтхэнэ къалэу е дэтхэнэ щӀыпӀэу езыр здэкӀуэн хуейм мыкӀуэ щӀыкӀэ тӀурытӀу игъэкӀуащ. 2Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм:
– Гъавэр куэдщ, ауэ лэжьакӀуэхэр мащӀэщ. Аращи, гъавэр Ӏуахыжын щхьэкӀэ, лэжьакӀуэхэр къигъэкӀуэну гъавэр зейм фелъэӀу. 3ФыкӀуэ! Дыгъужьхэм щынэ хуэдэ фахызогъыхьэ. 4Бохъши, хъуржыни, вакъи здэвмыщтэ. Гъуэгум зыми фӀэхъус щевмых.
5– Унэ гуэрым хьэщӀэу фыщыщӀыхьэкӀэ, япэрауэ, «Тхьэм фэ, мы унэм щӀэсхэм, фигу ирезагъэ», жыфӀи, фӀэхъус ефх. 6Гузэгъэгъуэ зыхуэфащэ цӀыху а унэм ису къыщӀэкӀмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэр къритынущ. Имысмэ, гузэгъэгъуэм фи деж къигъэзэжынущ 7А унэм фыкъинэ, къыватыр фшхы икӀи ифф, лэжьакӀуэм и лэжьапщӀэр игъуэтыпхъэщи. Бысым хъуэж фщӀыурэ, зы унэм фикӀыу, адрей унэм фимыхьэ.
8– Къалэ гуэрым фыдыхьауэ фыщрагъэблагъэкӀэ, къыватыр фшхы. 9Сымаджэхэр абдежым щывгъэхъуж, мыпхуэдэуи яжефӀэ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр гъунэгъу къыфхуэхъуащ». 10Ауэ къалэ гуэрым фыдыхьэрэ фыщрамыгъэблагъэмэ, абы и уэрамхэм фыдыхьи, мыпхуэдэу жыфӀэ: 11«Фэ фи къалэм и сабэу ди лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀар фхукӀэрыдогъэщэщыж; апхуэдэу щыт пэтми, зэвгъащӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыблэгъар». 12Сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, Содом къалэм#10:12 Содом къалэр – еплъ Маттэ 10:15. гугъуехьу ишэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.
Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ!
(Маттэ 11:20-24)
13– Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ! Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж щыслэжьа Ӏуэху телъыджэхэр къалэхэу Тиррэ Сидонрэ#10:13 къалэхэу Тиррэ Сидонрэ – еплъ Маттэ 11:21. щыслэжьатэмэ, щыгъуэ щыгъын куэд щӀауэ ящыгърэ я нэкӀухэр фӀамыщӀкӀэ зэщӀэцӀэлауэ, я гуэныхьхэм яхущӀегъуэжынт. 14Ауэ къемэтмахуэм фэ гугъуехьу фшэчынум елъытауэ, Тиррэ Сидонрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ. 15Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ.#10:15 Уэ, Капернаум къалэ … укӀуэцӀрыхунущ – еплъ Маттэ 11:23.
16– Фэ къывэдаӀуэр сэри къызодаӀуэ. Фэ фызымыдэм сэри сидэркъым, сэ сызымыдэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари идэркъым.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху блыщӀым къызэрагъэзэжар
17Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху блыщӀым гуфӀэгъуэр яӀэу къагъэзэжри, жаӀащ:
– Зиусхьэн, уэ уи цӀэр щыжытӀэкӀэ, жин бзаджэхэри ди ӀэмыщӀэ илъ мэхъу.
18– Пэжщ, шейтӀаныр уафэхъуэпскӀым хуэдэу уафэм къехуэхыу слъэгъуащ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 19– Мис, блэхэми акърэбхэми#10:19 акърэб – скорпион. фатеувэнуи, бийм и къару псоми фытекӀуэнуи тепщэныгъэ фэстащ; зым и зэрани къывэкӀынукъым. 20Ауэ жин бзаджэхэр фи ӀэмыщӀэ зэрилъым щхьэкӀэ фымыгуфӀэу, фи цӀэхэр уафэм щыӀэ тхылъым зэритым щхьэкӀэ фыгуфӀэ.
Хьисэ зэрыгуфӀар
(Маттэ 11:25-27; 13:16-17)
21Асыхьэт дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ину къигъэгуфӀэри, Хьисэ жиӀащ:
– Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн, мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ. Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.
22Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм захуигъазэри, жиӀащ итӀанэ:
– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.
23Езымрэ езым и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ я закъуэу къыщынэм, абыхэм захуигъазэри, Хьисэ яжриӀащ:
– Фэ фи нэхэм ялъагъур зылъагъу нэхэм я насыпщ! 24Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, бегъымбар куэди пащтыхь куэди фэ флъагъур ялъагъуну хуеящ, ауэ ялъэгъуакъым, фэ зэхэфхри зэхахыну хуеящ, ауэ зэхахакъым.
Самарие хэкум щыщу, гущӀэгъу зыхэлъ цӀыхур
25Торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр къэтэджри, Хьисэ игъэунэхун щхьэкӀэ, жиӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀу къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?
26– Торэт хабзэм сыт итыр? – жриӀащ абы Хьисэ. – Дауэ абы укъызэреджэр?
27– «Уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи къару псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу икӀи уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу»,#10:27 уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи … фӀыуэ лъагъу – еплъ 5 Мусэ 6:5, икӀи 3 Мусэ 19:18. – жэуап къитыжащ адрейм.
28– Пэжыр жыпӀащ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – А жыпӀар гъэзащӀи, мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтынущ.
29Торэт егъэджакӀуэ пашэм зигъэхеину хуеяти, Хьисэ къыжриӀащ:
– АтӀэ, хэт сэ си гъунэгъур?
30– ЛӀы гуэр Ерусалим дэкӀауэ, Ерихон къалэм#10:30 Ерихон къалэр – Ерусалим и ищхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ, километр 24-кӀэ пэжыжьэу, Иордан псым и къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ итщ. здэкӀуэм, хъунщӀакӀуэхэм яӀэщӀэхуащ, – жиӀащ Хьисэ. – ХъунщӀакӀуэхэм ар яхъунщӀащ, и щыгъыныр щахщ, хуабжьу яубэрэжьауэ, ныкъуэлӀэу къагъанэри, щӀэпхъуэжащ. 31Абы ирихьэлӀэу, дин пашэ гуэр а гъуэгум кърикӀуэрт. ЛӀыр щилъагъум, адрей гъуэгубгъум зритри, ар блэкӀащ. 32Апхуэдэ дыдэу, Левий зи цӀэ унагъуэ лъэпкъым#10:32 Левий зи цӀэ унагъуэ лъэпкъыр – ахэр псори дин пашэу Тхьэм и унэшхуэм щылажьэрт. Еплъ 4 Мусэ 3:1-13. щыщу дин пашэ гуэри а щӀыпӀэм нэсри, а лӀыр щилъагъум, адрей гъуэгубгъум зритри блэкӀащ. 33Самарие хэкум щыщ лӀы гуэр, а гъуэгум тетурэ, а лӀым деж нэсащ. Щилъагъум, игу щӀэгъури, 34бгъэдыхьащ абы, дагъэрэ санэкӀэ еӀэзэри, и уӀэгъэр ипхащ. ИтӀанэ лӀыр къиӀэтщ, езыр зытеса шыдым трилъхьэщ, хьэщӀэщ гуэрым щӀихьэри кӀэлъыплъащ. 35И жыпым динаритӀ кърихщ, хьэщӀэщыр зейм иритри, абы етӀуанэ махуэм жиӀащ: «Уэ мы лӀым кӀэлъыплъи, сыт хуэдиз тебгъэкӀуадэми, къыщызгъэзэжкӀэ уэстыжынщ».
36– Иджы уэ дауэ узэрегупсысыр: а цӀыхуищым ящыщу хъунщӀакӀуэхэм яӀэщӀэхуа лӀым и гъунэгъум хуэдэу хэт хущытар? – къыщӀигъужащ Хьисэ.
37– ГущӀэгъу хуэзыщӀарщ, – жиӀащ торэт егъэджакӀуэ пашэм.
– Уэри кӀуэи, апхуэдэу щӀы, – жриӀащ абы Хьисэ.
Мэриемрэ Марфэрэ
38Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ адэкӀэ здэкӀуэм, жылагъуэ гуэрым дыхьащ. Марфэ зи цӀэ цӀыхубз гуэрым Хьисэ иригъэблэгъащ. 39Мэрием и цӀэу шыпхъу иӀэт а цыхубзым. Ар Зиусхьэным и псалъэхэм едаӀуэу, абы и лъапэм тест. 40Марфэ ахэр гъэхьэщӀэным хуабжьу егугъуащ. Арати, Хьисэ бгъэдыхьэри жриӀащ:
– Зиусхьэн, Ӏуэху псори сэ си закъуэу сщӀэну си шыпхъум сыкъызэригъэнар пфӀэемыкӀукъэ? КъыздэӀэпыкъуну жеӀэ абы.
41– Ей Марфэу, си Марфэ! – жриӀащ Зиусхьэным абы. – Куэд щхьэкӀэ зыбгъэгузавэурэ, гугъу зыбогъэхь. 42Зыщ нэхъ узыхуейр. Мэрием Ӏыхьэ нэхъыфӀыр къыхихащ, а ӀыхьэфӀыр абы Ӏахыжынукъым.

Currently Selected:

Лука 10: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in